ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

Уэзырмэдж мэзым щIэтурэ здэкIуэм, плъэри гъэхъунэм зыш ирилъэгъуащ. Шыр лъэхъащ, шыр зейр къыIэщIэлъэгъуакъым.
 – Мыр зейр жыжьэ IукIакъым, и лIыгъэр згъэунэхунщ, – жиIэри Уэзырмэдж мэзым къыхэкIащ, гъэхъунэм ихьэри, шыр шхуэмылакIэкIэ къришэжьащ, лъахъэр ирихри. Шыр зейр мэзым щакIуэ хыхьауэ джабэм кIэрытти, къаплъэри, Уэзырмэдж къилъэгъуащ
 – Уэзырмэдж, мы къызэпщIэр хъункъым, шыр иумышажьэ, – къегуоуащ шыр зейр.
 – Мыбы дэнэ сыкъыщицIыхурэ? – жиIэри игъэщIэгъуащ Уэзырмэдж, арщхьэкIэ шыр иутIыпщыжакъым, гъэхъунэм къикIыжри, и гъуэгу техьэжащ.
Шыр зей щIалэм, мэзым къыхэкIыжри, Уэзырмэдж и лъэужьыр ирихужьащ, пщIэгъуалэм и кIэбдзым телъ дамыгъэм гу лъитати.
Уэзырмэдж и унэ ихьэжри, и пщIэгъуалэри мэзым къыщIиша шыри шэщым щIигъэзэгъащ. И лъэужьыр шыр зей щIалэм къызэрихунум шэч къытрихьэртэкъыми, кIуэри хьэщIэщым щIэтIысхьащ. Пшапэр зэхэуауэ, шыр зей щIалэр къэсащ. Уэзырмэдж щIалэм пежьащ:
 – Еблагъэ, – жиIэри.
 – Себлэгъэнукъым, – еблэгъэн идакъым щIалэм. – Уи пщIэгъуалэр къысхудэш. ЦIыхум дыкъыумыгъащIэ. ПщIэгъуалэр къысхудумышмэ, бэлыхь ухэздзэнщ.
Уэзырмэдж и пщIэгъуалэр шэщым къыщIишри, щIалэм иритащ.
 – Уэзырмэдж лIы бланэщ, жаIэ. Убланэмэ, фызым дамащхьэкIэ пхъэ къахуэхь, уэ шыкIэ пщIэжын щыIэкъым, – жиIэри, щIалэр Уэзырмэдж и пщIэгъуалэм шэсри ежьэжащ.
«И лIыгъэ згъэунэхуащ, си лIыгъи игъэунэхун мурад ищIащи, ищIэм сеплъынщ», – жиIэри Уэзырмэдж хьэщIэщым ихьэжащ. ЩIалэм къытригъэзэнкIэ гугъами, къытригъэзакъым. Зы гъи гъитIи дэкIащ – щIалэм къытригъазэркъым. И гугъэр пщIэгъуалэм хихыжри, Уэзырмэдж тIысыжащ. И дамыгъэр зытелъ пщIэгъуалэр щыфIэкIуэдым, Уэзырмэдж нэгъуэщIыш шэсыжакъым, зекIуэми яхэмыхьэж хъури, и унэ къинэжащ.
И унэ къинэжауэ исурэ, зы гъэри гъитIри кIуауэ, Уэзырмэдж и куэбжэм зы шу къыIухьащ. Шум Уэзырмэдж и пщIэгъуалэр и Iэдэжт.
 – Еблагъэ, – жиIэри шум пежьащ Уэзырмэдж.
 – Себлэгъэнукъым, – жиIащ шум. – Ирикъункъэ фызым дамащхьэкIэ пхъэ къазэрыхуэпхьар? Уи пщIэгъуалэр къыпхуэсшэжащ. Си лъэужьыр нэпхун си гугъа щхьэкIэ, нэпхуакъым. ЗекIуэм уахыхьэжынумэ, пщIэгъуалэр щхьэусыгъуэ умыщI, – жиIэри щIалэр ежьэжащ, пщIэгъуалэр Уэзырмэдж къритыжри.
ЛIым и лIыгъэ згъэунэхунщ, жиIэжакъым Уэзырмэдж абы и ужькIэ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2024 - 15:48

ПсэупIэу яухуэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ

04.12.2024 - 14:39

Мыд Мадинэ и фэеплъу

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и

04.12.2024 - 14:38

Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ.

04.12.2024 - 12:25

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр.

04.12.2024 - 09:03

Дзэ Iуэху хэхам и хъыбархэр зэхуэхьэсауэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIы­хьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ.