УЗЫНШАГЪЭМ И ХЪУМАКIУЭХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэм и къуэдзэ, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэн  МВД-м и Медико-санитар частым и гупым ехъуэхъуащ Медицинэм и лэжьакIуэм  и махуэм ирихьэлIэу.

- Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи махуэмкIэ.

Урысей МВД-м къулыкъу щызыщIэхэм я пщэрылъхэр ягъэзэщIэныр куэдкIэ елъытащ лэжьакIуэхэм я узыншагъэм. МВД-м и медицинэ IуэхущIапIэм зэфIех хабзэхъумэхэр я къалэнхэм ехъулIэным хуэхьэзырынымкIэ, езыхэми абыхэм я унагъуэхэмрэ ветеранхэмри я узыншагъэм я нэIэ тетщ. Абы медицинэ дэIэпыкъуныгъэр ярет къалэнхэр щагъэзащIэм, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмрэ IэщэкIэ зэщIэузэда зэныкъуэкъухэр хэту фэбжь зыгъуэтхэм. Абы дэ тщыщ дэхэнэми зыхыдегъащIэ гъащIэм и лъапIэныгъэмрэ фэ къыхэфха IэщIагъэм и мыхьэнэр зыхуэдэмрэ.

Насып, узыншагъэ быдэрэ зэIузэпэщыгъэрэ фиIэну ди гуапэщ, - жиIащ Бахъуэ Аслъэн.

Я къалэнхэр гурэ псэкIэ зэрагъэзащIэм папщIэ, Медицинэ лэжьакIуэм и махуэр зэрагъэлъапIэм и щIыхькIэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и ЩIыхь тхылъхэр иратащ медико-санитар частым и лэжьакIуэ зыбжанэм.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ