ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ
Си щIыфэм щIыIэу зыгуэр ирижэри, си щхьэфэцыр уащ. Си Iупэр пIэжьажьэрт, си жьэпкъыпэр пыкIэзызыхьырт, си тэмакъми тыкъырышхуэ гуэр тенам хуэдэу, узырт, щикъузыкIырт. ЖысIэнури сызэгупсысынури пшагъуэм щIихъума хуэдэт. 
- КъыбгурыIуа иджы си фэр изыхыр, Данизэ? – Пэрыс къопсалъэ. – КъыбгурыIуа си гум илъари, си акъылым итари, си нэм щIэта дыгъэпсри зылъэсыжар?! Мис аращ! Мис аращ лъагъуныгъэ уи гум щыбгъафIэрэ, дунейм къытумыгъэхьэу зепхьэмэ, къыпщыщIынур, Данизэ. КхъыIэ, сынолъэIу си шыпхъу къыздалъхуам хуэдэу сынолъэIу, зыгуэр фIыуэ плъагъумэ, уи лъагъуныгъэр зэи умыбзыщI! Абы нэхъ къабзэрэ нэхъ дахэрэ дунейм зэи къытехьакъым, хьи. Ар дыкъэзыгъэщIам ди дуней гъащIэр зэрымащIэ дыдэм щхьэкIэ фIэгуэныхь дыхъури, гурыфIыгъуэу къыдитауэ аращ. Лъагъуныгъэр зищIысыр, зыхуэдизыр, и мыхьэнэр, хузэфIэкIынур дгъэунэхун щхьэкIэщ дыкъыщIигъэщIари. Зэ мыхъуми зэ, дуней къутэжыгъуэр къэсмэ, зыми имыпэрмэн цIыху тхьэмыщкIэхэр къезыгъэлынури, цIыхур цIыхуу къызэтезыгъэнэнури лъагъуныгъэрщ, Данизэ. Зэхэпхрэ, зэхэпхрэ, лъагъуныгъэрщ! Сэ… сэ зыIэщIэзгъэкIащ ар… Сэ сфIэкIуэдащ, страхыжащ. Си бзэм и зэранкIэ, зэрызысшыIам, зэрыщIэсхъумам, и чэзум дунейм къызэрытезмыгъэхьам щхьэкIэ Абы и гур къызэбгъэри. Гу лъыптакъэ, къызэрыщIэкIыжамкIэ, езы Жангуащи зэрыцIыкIурэ фIыуэ сыкъилъагъурт, ауэ… Езыми зыкъызигъэщIакъым, зы плъэкIэ закъуэкIэ, зы псалъэ закъуэкIэ зыкъызигъэщIакъым! ТIум ди мыгъуагъэри къытхуэзыхьар ди зэранкIэ дунейм къытемыхьэу къэна псалъэ зыщыплIырщ. Дыхьэшхэнщ, цIыхум и гъащIэр ажалым трех, дэ тIуми ди гъащIэр тIэщIэзыхар зы мыхьэнэншэ тIэкIущ: зым адрейм хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ зыкъедгъэщIэн хуея къудейуэ арат! Еууей! Сыту делагъэт ар! Сыту делагъэт. Сыту тIури дыделащэт! - IэштIымкIэ гъуэлъыпIэм иуэн щIедзэ, и макъым зригъэIэтурэ. 
Пэрыс губжьарэ, и нэщхъыр зэхэукIауэ, зэрифIэщкIэ кIиин щыщIидзэм сыкъыщолъэт, сопхъуэри, и IитIыр соубыд. Абы хэту зыкъещIэж, къысхудоплъейри, зыхуэмыIыгъыжу и нэпсхэр къыфIыщIож. Сэри сотIысэхыж. Къарууншэ хъуа щIалэ сымаджэр къызэфIотIысхьэ, къысхуоплъэкIри, и IитIыр къеший, кхъыIэ, IэплIэ къысхуэщI, жыхуиIэу. Нобэ-ныжэбэр зи гъащIэ пIалъэ щIалэр сфIэгуэныхь мэхъури, IэплIэ хузощI, езыми и къару мащIэм къызэрихькIэ сызэщIеубыдэ. 
- ПщIэрэ, Данизэ, куэд дыдэ щIауэ зыгуэрым мис мыпхуэдэу IэплIэ къысхуищIыну сыщIэхъуэпсырт. СылIэным хуэдэу си нэ къикIырт си гум илъ псор къызыгурыIуэн, сызэхэзыхын цIыху хуэсIуэтэну, - хуэму сеутIыпщыжри, мэукIурииж. – Уэхухуху, сыту сытыншыжа. Алъандэрэ щIэсхъумари, ерагъ мыгъуейкIэ скъуза си нэпсхэри дунейм къытехьащ. Иджы содэ сылIэ… Уарэ, Данизэ, си сабиигъуэм сыкъыщыхутэжащ! Плъагъурэ, месыр! Плъэт мобыкIэ, - хэпсэлъыхьын щIедзэ, сыкъигъэщтэжу.
- ДэнэкIэ? Зыри слъагъуркъым, Пэрыс! Мыдэ къызэплъыт зэ, хьэуэ, хьэуэ, плIанэпэмкIэ умыплъэ, сэ къызэплъ, - сопхъуэри, Пэрыс и щхьэр си дежкIэ къес1уэнтIэкIыну сыхэтщ, ауэ и нэхэр плIанэпэм тедиящ. 
- Плъагъуркъэ, Iэу, Данизэ, мес, плъэт: нанэрэ дадэрэ! Сыту сигу фыкъэкIа! Сыту куэд дыдэ щIа дызэрызэрымылъагъурэ! ФыкъэкIуэжаи, - къызэрызгурыIуамкIэ, къэсат ажалыр. - Къэдабэ плъыжь зытебза тахътэшхуэм сисщ, къалмыкъ шей софэри, дади къызбгъурысщ. Сэ сыцIыкIунитIэщ, тахътэм сыдэпщеифыркъыми, дадэ сыкъиIэтурэ, срегъэтIысхьэ. Мес, нани къыщIохьэж. Ар джэдэщым щыIащ, гуэгуш джэдыкIэ IэщIэлъу къызбгъэдохьэ. «Мэт, си щIалэ, абдеж тет кIэструл щIыху цIыкIум, ухуэсакъыурэ, илъхьэт. Абы из хъумэ, гуэгушыр дгъэгъуэлъхьэнщи, шыр цIыкIу Iэджи къришынщ» - жи. Таурыхъым сыкъыщыхута хуэдэщ, Данизэ. Сыту фIы! Сигуми си псэми мамырыгъэмрэ гупсэхугъуэмрэ щытепщэщ, зыри зыхэсщIэркъым, сабиигъуэм и IэфIагъым фIэкIа. Хэт бжэр Iузыхыр, Данизэ? Бжэр IуокI, плъэт, хэт ар? – си Iэм къытоIэбэ Пэрыс.
- Пэрыс, къызэплъыт, абыкIэ зыри щыIэкъым, къыпщыхъуу аращ. Уэракъэ жыхуэсIэр, зыри щыIэкъым, - сыгузэващи, зыгуэрым сыкъызэреджэн хуейри сщIэжыркъым. Сытыт седжэкIи? 
- Хьэуэ, щыIэщ. Мес… Мес… Жангуащэщ ар! – Пэрыс и нэгур къонэхури, къызэфIотIысхьэ. – Жангуащэ, си псэ закъуэ! Зэ, зэ, иджыпсту, мыдэ си вакъитIыр къэзгъэгъуэтыжи, сынэкIуэнщ, къызэжьэ. НтI, нтIэ, сынэкIуэнущ, - зыкъиIэтыну хуожьэ.
- Пэрыс, Пэрыс, сызэхэпхрэ?
Сызэхихыртэкъым, сызыхищIэртэкъым, зыри къыфIэIуэхужтэкъым. Къэсыпат ажал фIыцIэр щIыIэмэ къыкIэрихыу. Пэрыс щысхуэмыубыдыжыххэм, сыкъыщолъэтри, кIэлындорым сыкъытолъадэ. 
- ПсынщIэу зыгуэр фыкъакIуэ!
Асыхьэтым «ду» жиIэу псори къызэхуос, Пэрыс и анэри, бауэ-бапщэу, къыщIолъадэ. ЩIалэр ягъэсэбырыну хуея щхьэкIэ, дохутырхэми анэ тхьэмыщкIэми зыри къайхъулIакъым. Сэри Пэрыс здэплъэ плIанэпэм, блыным зыкIэрыскъузарэ, сызэщIэкIэзызэу, сыдэтт. АпхуэдизкIэ сыщтати, си дзэхэр зэтеуэрт, си хамэ, абы къыдэкIуэуи, къызэрымыкIуэу нэIуасэ схуэхъуам къыщыщIыр сфIэтелъыджэу, щIалэ къамылыфэ лъагъугъуафIэр сфIэпсэкIуэду, си нэкIур си IэхэмкIэ субыдауэ, сызэфIэтщ. 
Пэрыс цIыхуиплIым яхуэмыубыду, ерагъкIэ и пIэ щрагъэзагъэ дакъикъэм, «Жангуащэ, дэнэ укIуэрэ, сыкъэбгъэнауэ?» - жиIэу, ину къыхэкIиикIщ, и пIэм ижыхьри, гъуэлъыпIэм ихуэжащ… мыбэуэжу.
Анэ! Анэ тхьэмыщкIэ! Сытым дежи мыгъуэр зи махуэр анэращ. И къуэ закъуэ кIуэдыжам и хьэдэм зытриубгъуауэ, магъ… Сыт нэгъуэщI хузэфIэкIынур?!
Дохутырхэращи, еу-ей, тхьэмыщкIэ, жи зым, етIуанэм уэлэхьи, тыншыжам, жи. Псоми я щхьэр фIэхуауэ къыщIокIыж. Сэ, зызмыщIэжу сетIысэхауэ, лъэгу щIыIэм сыщысщ, си лъэгуажьитIыр си жьэпкъым щIэгъэкъуарэ щэху цIыкIуу сыкъыпыгъыкIыу. Анэр магъ. СыткIэ щхьэщыпхын и гуауэр?! ЗыкIи! Псалъэр… Ари лейщ. Сыкъотэдж, сыбгъэдокIуатэ, и дамэм сытоIэбэри:
- И псэр тыншыжащ! Апхуэдэу нэхъыфIт Пэрыс дежкIэ… И гуэныхь Тхьэм къыхуигъэгъу, - сигукIэ «къыхуигъэгъуни къыIэщIэщIащ», жызоIэ. – СыщIэсын уи гъусэу?
- Хьэуэ, сыхуейкъым. Зыри къыщIэмыхьэну жыIэ, кхъыIэ!
- Хъунщ, - хуэмурэ бжэмкIэ сокIуэ.
Бжэкъур щызубыдым:
- Куэд щIат мы дакъикъэм зыхуэгъэхьэзырын зэрыщIэздзэрэ. Сэри сщIэрт нэгъуэщI хэкIыпIэ зэрыщымыIэр. Анэм и гум, сытым дежи, псори ещIэ мыгъуэ! Упсэу, Данизэ, и гум щыщIэ псори къызэрыпхуиIуэтар сощIэ, щхьэщыпхащ. Тхьэм ещIэ уэ абы укъыщIыхихар! Еплъыт, и нэгум нурыр кърех! Псэхужащ! Упсэу! – жеIэри, и гъыным пещэж.
Сэри гуауэм си гур ирикъутыхьауэ къэмытэджуу хэлъ Зерэ деж сыщIохьэж. Сэ пщэдджыжь сыкIуэжын хуейщ, лэжьыгъэр къызожьэ, сымаджэщ куэбжэм укъебэкъуэжмэ, гъащIэр къокъуалъэ. ГъащIэ гущIэгъуншэр. ГуфIэгъуэкIи гукъеуэкIи, дахэкIи шынагъуэкIи, лъагъуныгъэкIи, гущыкIыгъуэкIи, IэфIкIи, дыджкIи гъэнщIа зыкIи къыпщымысхь, дэри дызыщымысхьыж гъащIэр. Дигъэунэхуну Абы къытхуигъэщIа джэгукIэр…

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2025 - 09:03

ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я уардэунэ

Налшык къалэм IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэ къыщызэ­Iуахыну зыхуагъэхьэзыр. Ар хуэщIащ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуэбгъэсэным икIи абы щхьэкIэ цIыхухэр зыхуэныкъуэну псом­кIи къызэгъэпэщащ.

10.02.2025 - 09:03

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ. 

10.02.2025 - 08:55

ДяпэкIи аращ дызытетынур

КIуэкIуэ Казбек Мэзкуу лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ­УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Ми­хаил.
 

10.02.2025 - 08:54

Къуажэхэм я зыужьыныгъэр зыхуэдэнур

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и къуажэхэм зэрызрагъэужьым.

10.02.2025 - 08:53

Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ.