КАДЕТХЭР ЯГЪЭГУШХУЭ

рысей гвардием и Управленэу КъБР-м  щыIэм  и лэжьакIуэхэр  ехъуэхъуащ  я нэIэ  зытет, Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и кадет классым щIэсхэм – абыхэм  гъэ еджэгъуэр къаухам и мызакъуэу, класс нэхъыжьхэм кIуащ.

Iуэху гуапэм хэтащ  Урысей гвардием, район администрацэм, республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр,  школым и унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, ветеранхэр, жылагъуэ организацэхэм щыщхэмрэ  еджакIуэхэм я адэ-анэхэмрэ.   

Урысей гвардием и управленэу республикэм щыIэм  и лэжьакIуэ, полицэм и майор Лыкъуэжь Маринэ   кадетхэм ехъуэхъуащ,  егъэджакIуэхэмрэ школым и унафэщIхэмрэ фIыщIэ яхуищIри,    къыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм щIыхь тхылъхэр яритащ.

- Мы илъэсым вгъэкIуэда  къарухэр тыншу зэфIэвгъэувэжыну,  къыкIэлъыкIуэ гъэ еджэгъуэм  гуфIэгъуэ, текIуэныгъэщIэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ къыфхуихьыну  си гуапэщ. Зефхьэ кадет цIэр фрипагэу,  жиIащ офицерым.  

                                                        ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ