КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ республикэм ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Iэтащхьэм жиIащ «Урысейм илъэсым и егъэджакIуэ», «Урысейм илъэсым и гъэсакIуэ», «Илъэсым и IэщIагъэлI» урысейпсо зэпеуэхэмрэ щIыналъэ Iыхьэхэмрэ щытекIуэхэмрэ увыпIэфI къыщызыхьхэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр иратыну Унафэ зэрищIар.
Саугъэтхэр мы гъэм щыщIэдзауэ ятынущ. ТекIуэм - сом мин 200, увыпIэфI къэзыхьым сом мини 100 хуагъэфэщэ-ну яубзыхуащ.
«Мы IэщIагъэм щIалэгъуалэ нэхъыбэ дегъэхьэхыным и Iуэхуи зыдохуэ», - жиIащ КIуэкIуэм. Апхуэдэуи къыхигъэщащ унэтIакIуэхэр дяпэкIэ нэхъ жыджэру жылагъуэм хэтын зэрыхуейр. «Дызэрыт илъэсыр ГъэсакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ яхухэхауэ зэрыщытым къыхэкIыу, Пэрытхэм я зэгухьэныгъэм унэтIакIуэу сыхыхьэну мурад сщIащ», - дыщIигъуащ Iэтащхьэм икIи къулыкъущIэхэр къыхуриджащ апхуэдэ щапхъэр гъуазэ ящIыну. Абы ипкъ иткIэ, дяпэкIэ къулыкъущIэхэр школхэм дэлэжьэну къалэн щащIынущ.
КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ яхуищIащ зэхуэсым хэта, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием Егъэджэныгъэм зегъэужьынымкIэ къалэнхэр убзыхуным телажьэ институтым и унафэщI Сухае-вэ Татьянэ, академием Педагогикэ егъэджэныгъэм зегъэужьынымкIэ и центрым и Iэтащхьэ Врублёвксая Еленэ сымэ.
Зэхуэсым кърихьэлIахэм захуигъазэу, республикэ Iэтащхьэм жиIащ: «Нобэ мы зэIущIэм хэтхэр махуэ къэс егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрыт цIыху жыджэрхэращ. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэ зы унагъуэм дежкIи. Гугъуехь куэд къыкъокI, хэкIыпIэр икIэщIыпIэкIэ къэгъуэтын хуейуэ. Урысей Федерацэм и Президентым къыхилъхьа лъэпкъ проектхэр дгъэзащIэкIэрэ, дэ ехъулIэныгъэ куэд зыIэрыдгъэхьащ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэщIэхэр духуащ, иджыри школыщIэхэр ящI. 2023 - 2024 гъэ еджэгъуэм ди республикэм еджапIищым я бжэхэр къыщызэIуахынущ. Мы гъэм школи 7-м я ухуэныгъэр икIэм нагъэсынущ, зыхуей хуагъэзэжынущ еджапIэ 40. 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ ди хэгъэгум школыщIэу 23-рэ итынущ, 60-р зыхуей хуэзэу къагъэщIэрэщIэнущ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр щызыIэрыдгъэхьэн хуейщ егъэджэныгъэм и адрей лъэныкъуэхэми: Iуэхухэр зегъэкIуэн, лэжьакIуэхэр гъэхьэзырын, методикэ Iуэхур къызэгъэпэщын, улахуэр хэгъэхъуэн. А псоми къарикIуэ-ну дызыщыгугъыр дэтхэнэ сабийми щIэныгъэ зригъэгъуэтыну Iэмал етынырщ».
Iэтащхьэм зи гугъу ищIахэм ящыщу гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэу къыхигъэщар егъэджакIуэхэм защIэгъэкъуэнырщ. Абы и унафэкIэ иужьрей илъэсхэм республикэм улахуэр щыхагъэхъуащ, къуажэ школхэм щыIэу IэщIагъэ нэхъ зэпэубыдахэм пэрытхэм я улахуэм иджыри худыщIагъуащ, олимпиадэхэм зи еджакIуэ щытекIуэхэм саугъэтхэр ирату зэтраублащ.
КIуэкIуэ Казбек зэхуэсым хэт еджапIэ унафэщIхэм IуэхуфIхэр къадэхъуну ехъуэхъуащ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор утыку кърихьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зэрызиужьыпхъэ Iэмалхэр. ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм епха лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу къызэрызэгъэпэщыпхъэм.