Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр

Псыхуабэ (Пятигорск) щекIуэкI «Мэ­шы­къуэ-2018» Кавказ Ищхъэрэ ­щIа­­лэгъуалэ зэхыхьэм шыщхьэуIум и 12-м щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэр. Абы щыIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Къардэн Мурат, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, ­КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, район унафэщIхэр.

ХьэщIэхэр фIэхъусрэ къафэхэмкIэ ирагъэблагъэри, Шэрэдж, Дзэлыкъуэ, Май щIыналъэхэм къызэрагъэпэща гъэ­лъэгъуэныгъэхэр зыдэт пщIантIэм дашащ. Шэрэдж районым и плIанэпэм щып­­лъагъунут адыгэм къыдэгъуэгуры­кIуа хьэпшып куэд: пхъэм къыхэщIыкIа хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм къы­щыщIэдзауэ гущэм щыщIэкIыжу. Абдеж зыщыщыбгъэгъуэзэфынут Къарэмырзэ Фаризэт ищI лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэ-хэм. Шэрэдж районым Сабий творчествэмкIэ и унэм и гъэсэнхэм къыздашат а махуэм ирихьэлIэу цыкIэ зэIуаща алэрыбгъуитIри - зым «Мэшыкъуэ-2018» псалъэхэр тетхауэ, адрейм - Iуащхьэмахуэ лъапэр къытещу.  IуэхущIапIэм и уна-фэщI Жубоевэ Марианнэ къызэры­джи­IамкIэ, хъыджэбз цIыкIухэм я гъэсакIуэ Бозий Мэржан и нэIэм щIэту, а лэжьыгъэхэр тхьэмахуэм и кIуэцIым ягъэхьэзыращ, гъэлъэгъуэныгъэм и ужькIэ, зыр «Мэшыкъуэ» зэхыхьэм и къызэгъэпэща­кIуэхэм, етIуанэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Iэтащхьэм тыгъэ хуащIыну я мурадщ.
Дзэлыкъуэ районым и плIанэпэм гъущIым хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр ­къыхищIыкIыу щыст Сэрмакъ къуажэм дэт курыт школ №2-м и егъэджакIуэ ­Бай Заур. Абы и щIыбагъым щыфIэдзат и ­гъэсэнхэм пхъэм, жэзым, гъущIым къы­хащIыкIа хьэпшыпхэр. Щыгъуазэ дызэ­рыхъуамкIэ, мы Iуэхум Заур яужь итщ илъэс 20-м щIигъуауэ икIи и гъэсэн 12-м нэблагъэм а IэщIагъэр къыхахауэ мы ­зэманым абыкIэ щIэныгъэ щызрагъэ­гъуэт КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетым, уеблэмэ языныкъуэхэм лэжьэн щIадзагъэх­хэщ. Абыхэм пхъэм къыхагъэсыкIахэм къатещырт адыгэхэм я Хасэр, Къэнжал ­зауэр, ИстамбылакIуэр, адыгэ узэщIа­кIуэ­хэр, адыгэшхэр, хьетхэр, лъэпкъ къа­фэхэр, нэгъуэщI хьэлэмэт куэди.
ПщIантIэм къыдэIукI макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ зыгъэзащIэр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, Теунэ Жэмал сымэт, «Амикс» гупым хэт щIалэгъуа­лэрт.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм иужькIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр еплъащ щIалэгъуалэм зыщагъэпсэху, щеджэ шэтырхэм.
Зэхыхьэм и япэ Iыхьэм хэтыну республикэм икIащ ныбжьыщIи 100. Абыхэм здашащ проект 63-рэ. Ахэр зытеухуам зыщагъэгъуэзэну хьэщIэхэр щIалэгъуалэм яIущIащ, я упщIэхэм жэуап иратащ.
Нэхъыбэм я проектхэр теухуащ спортым республикэм зыщегъэужьыным. Прох­ладнэ районым къикIа щIалэхэм жаIащ щIыналъэм хыхьэ къуажэхэм ­щыпсэу щIалэгъуалэм спортым зыхуа­гъэсэну Iэмал зэрамыIэр, абы къыхэ­-             кIыу а Iуэхур зэрырагъэфIэкIуэнум я проектыр зэрытраухуар. Къумыкъу Каринэ зэ­хыхьэм щыпхигъэкIыну лэжьыгъэр («Играй во дворе» зыфIищар) теухуащ ныбжьыщIэхэр компьютерхэмрэ жып ­те­лефонхэмрэ къыбгъэдашу я зыужьы­ныгъэм нэхъ сэбэп хуэхъуну Iуэхухэм зэ­рыхашэнум. Псалъэм папщIэ, абы и мурадщ къалэм хьэблэ-хьэблэкIэ, пщIантIэкIэ зэпеуэ хьэлэмэтхэр къыщызэригъэпэщыну, джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэм цIыкIухэр хишэну.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр Холлаевэ Марзият трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.