Статьи на кабардинском языке

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мин 63-м щIигъу

2017 - 2018 гъэхэм я щIымахуэ зэманым елъытауэ мы гъэм туристхэм я бжыгъэр про­центи 10-кIэ нэхъыбэ ­хъуащ.

КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуауэ

КъБР-м и Парламентым ирегъэкIуэкI республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и лэжьыгъэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщыгъэлъэгъуэнымкIэ тхыгъэ нэхъыфIхэр щагъэбелджылыну конкурс. Ар КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуащ икIи Парламентым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр щыгъуазэ зэращIыр егъэфIэ­кIуэным хуэгъэпсащ.

Пщэрылъ щхьэхуэхэр яхуещI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр иджыб­лагъэ яIущIащ зи щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуахэм.

МафIэсгъэункIыфIхэм я фэеплъ Налшык къыщызэIуах

Урысей МЧС-р къы­зэ­рызэрагъэпэщрэ илъэс 28-рэ щрикъум ирихьэлIэу Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэсгъэункIыфIхэм я фэеплъ.

Доброволецхэм (волонтёрхэм) я зэщIэхъееныгъэмрэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным телажьэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьыным теухуауэ Къэрал советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ КIуэкIуэ Казбек

Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. Къэ­рал советым и зэIущIэ Кремлым щригъэкIуэкIащ доброволецхэм (волон­тёрхэм) я зэщIэхъеены­гъэмрэ социальнэ Iуэху­хэм телажьэ IэнатIэхэмрэ зегъэужьыным теухуауэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр ­пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В.

Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм ИлъэсыщIэ уэздыгъэхэр щыщIагъанэ

Кавказ Ищхъэрэм бгы лыжэкIэ къыщажыхь и курортхэм а спорт лIэужьы­гъуэр фIыуэ зылъагъу псори кърагъэб­лагъэ 2019 гъэм къуршхэм щыIущIэну. ­Курорт псоми къызэрагъэпэщынущ цIыкIухэри балигъхэри дэзыхьэхыну ­нэгузыужь Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр.

Псей нэхъыщхьэм деж

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зэрихьэу Бахъсэн ­къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и утыкум деж ды­гъуасэ ИлъэсыщIэ зэхы­хьэ дахэ щекIуэкIащ. Псей ­нэхъыщхьэм зэхуишэсат цIыкIуи ини, псоми фIыуэ ялъагъу махуэшхуэм пежьэу.

Зэпеуэм щытекIуахэр

«ЛъагапIэщIэ» зэпеуэр зэриухам теухуа ­гуфIэгъуэ зэхыхьэр Налшык дэт Музыкэ ­театрым дыгъэгъазэм и 22-м щекIуэкIащ. ­КъекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ ­Каз- бек.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке