Статьи на кабардинском языке

КIуэкIуэ Казбек волонтёрхэм я экологие лэжьыгъэм хэтащ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и волонтёрхэм ящIыгъуу экологие лэжьыгъэм хэтащ. А махуэм ТекIуэныгъэм и стелэу Налшык къалэм дэтым деж жыгыщIэу 120-рэ щыхасащ.

Гуапэу щыIэр зыхуэфащэхэр

Хабзэ дахэу къокIуэкI ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр гъатхэпэм и 8-м гъэлъэпIэныр.

УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Козак Д. Н. иригъэкIуэкIа селектор зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. хэтащ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Козак Дмитрий Москва щригъэкIуэкIащ щIэупщIэ зиIэ продукцэ къыщIэгъэкIынымкIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм яхуэгъэза программэхэр зыгъэзащIэ организацэхэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етыным теухуа ­селектор зэIущIэ.

Сабийхэм я хуитыныгъэхэр яхъумэн папщIэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр Iуэхугъуэ 40-м щIигъум щыхэплъащ.

Балигъ мыхъуахэмрэ къуажэдэсхэмрэ я Iуэхум хоплъэ

Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм деж щызэхэтащ цIыхухэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм, балигъ мыхъуахэм я IуэхукIэ комиссэм илэжь­-хэм теухуа зэIущIэ.

КIуэкIуэ Казбек хэтащ «IэщIагъэм хуэIэзэ ныбжьыщIэхэр» III щIыналъэ чемпионатыр щызэхуащIыжым

Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щызэхуащIыжащ «Iэ­щIагъэм хуэIэзэ ныбжьыщIэхэр» III щIыналъэ чемпионатыр. Абы ирихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В., КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., КъБР-м и Парламентым, КъБР-м и Правительствэм, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр.

Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур цIыхухэм я лъэIухэмрэ тхьэусыхафэхэмрэ хоплъэ

БлэкIа мазэм и иужьрей махуэм Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур «Урысей зэкъуэт» партым и тхьэмадэ Медведев Д. А. и жылагъуэ екIуэлIапIэу Налшык къалэм дэтым щахуэзащ зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIахэм.

КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ, искусствовед Мосс Жаклин Дианэрэ

КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щахуэзащ КъБР-м и художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ, искусствовед Мосс Жаклин Дианэрэ.

Депутатхэр къалэм и къэкIуэнум топсэлъыхь

Бахъсэн къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и сессием иджыблагъэ къыщапщытэжащ 2018 гъэм щIыналъэ администрацэмрэ депутатхэмрэ ирагъэкIуэкIа лэ­жьыгъэм кърикIуахэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке