Статьи на кабардинском языке

ЩIалэгъуалэр къэралым и къару нэхъыщхьэщ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и ЩIалэгъуалэ гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ ­КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща «Парламентаризмэм и школ» федеральнэ Iуэхум хыхьэу иджыблагъэ зи чэзу зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ.

КъБР-м и прокуратурэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм хоплъэж

IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIы­кIуэ­хэр кърихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и коллегием иригъэкIуэкIа зэIущIэм щIэсащ Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым и къуэдзэ Сыдорук Иван, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений сымэ. Зыхэплъа Iуэху нэхъыщхьэм теухуа докладыр ищIащ КъБР-м и прокурор Жариков Олег.

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ Урысей гвардием и унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-полковник Меликов Сергей

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ Урысей гвардием и унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-полковник Меликов Сергей.

МафIэдз Сэрэбий ящыгъупщэркъым

ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, тхыдэдж МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 84-рэ щрикъум ирихьэлIэу а лIы щэджащэм и фэеплъ пхъэбгъу дыгъуасэ къыщызэIуахащ ар щы­псэуа, Налшык къалэ дэт унэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым зеужь

Апхуэдэу министрыр щыIащ Шэджэм къалэ дэт «Сад-Сервис» ООО-м, Бахъ­сэн къалэ щыIэ, «АГРО-КОМ» ООО-м, Аруан куейм и «НЭЖАН» ООО-м, Лэскэн щIыналъэм хиу­быдэ Ташлы-Тала къуажэм къыщызэIуаха курыт еджапIэм, Шэрэдж районым ­дащIыхьа, псы щрагъахъуэ заводым, нэгъуэщIхэми.

Гъуэгухэмрэ инфраструктурэмрэ

Автомобиль зекIуапIэхэмрэ туристхэр бгыхэм дэзыш кIапсэ гъуэгухэмрэ нэхъыбэ щIыным хущIэ­къуным Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэу къакIуэхэм я бжыгъэм хигъэхъуэнущ. Ар щыжиIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, ди республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэр хэту ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къ­­ы­щыщыпсалъэм.

УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей Налшык щохьэщIэ

Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей. Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ абырэ щызэпсалъэм къаIэтащ ди щIыналъэм илъэс гъунэгъухэм ­къриубыдэу игъуэтыну социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэунэтIауэ щытыну лъэныкъуэхэр.

Гъатхэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и гъатхэ лэжьэгъуэр къызэрызэIуаха зэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ цIыхухэм къагъэсэбэпа газым и уасэр кассэ ­терминалымкIэ зытахэм къратыжын ­хуейуэ Iуэху къызэрыкъуэкIам.

КIуэкIуэ Казбек: «Зи чэзу Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ дэIэпыкъуэгъущ»

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек ­Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щыхуэзащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым и щIыналъэ исполкомым и унафэщI Бакаев ­Евгений.

Кавказ Ищхъэрэм къакIуэ туристхэр процент 25-кIэ нэхъыбэ хъуащ

Гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу Кавказ Ищхъэрэ турист кластерым и ку­рортхэм зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэр. Нэгъабэрей лэжьыгъэм кърикIуахэр къызэрабжыжам къи­гъэ­лъэгъуащ 2017 гъэм елъытауэ ди деж къакIуэ туристхэм Iыхьэ плIанэ хуэдизкIэ къызэрыхэхъуар.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке