Статьи на кабардинском языке

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» ассоциацэр илъэс 13 ирокъу

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муници­пальнэ щIыналъэхэм я совет» ассоциацэм гъэ къэс къызэригъэпэщ и зэIу-щIэр иджыблагъэ Налшык ­ще­кIуэкIащ. Абы хэтащ К­ъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В., КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е.

Дзэ къулыкъум ираджэнущ мэлыжьыхьым и 1-м щегъэжьауэ

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ дзэм къулыкъу щызыщIэнухэр зэрыраджэмрэ Хэкум къулыкъу хуэзыщIэхэм я Iу­лыджыр къэIэтыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIхэмрэ.

КIуэкIуэ Казбек КъБР-м КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымкIэ и комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

Мэрем кIуам КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Къы­зэры­мыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъу­нымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэ­кIуэжынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор Ткачёв А. Е.

НэхъыфIхэр ягъэбелджылы

Бахъсэн районым и администрацэм иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ щIыпIэ администрацэхэм щIалэгъуалэм ядэ­лэ­жьэ­нымрэ спортымкIэ я къудамэхэм зэфIах лэжьыгъэхэм щы­хэплъэ зэIущIэ. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ щIыналъэ администрацэм  и  пресс-IуэхущIапIэм и уна­фэщI Чылар Аринэ. Зэхуэсым хэтащ районым хиу­быдэ жылэ псоми я лIы­кIуэхэр.

ЩIыналъэпсо олимпиадэр йокIуэкI

Хабзэ хъуауэ, мы гъэм ебланэу КъБКъУ-м къы­щы­зэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я школакIуэ нэхъыжьхэр зыхэт олимпиадэ зэIуха. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ университетым и пресс-IэнатIэм. Курыт школым щадж предмет зыбжанэ къызэ­щIэ­зыу­быдэ зэпеуэр гъатхэпэм и 16, 17 махуэхэм екIуэкIащ.

Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталийрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ

Ахэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ социально-экономикэ Iуэхухэм, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным, «Псы къабзэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ ­КъБР-м и жылагъуэхэр зэблэу къы­хэ­мыкIыу псыкIэ къызэгъэпэщыным, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ ­театрым и унэр егъэ­фIэкIуэныр нагъэ­сы­жын папщIэ зыхуе­ину ахъшэр къэгъуэтыным, Прох­ладнэ къалэм и райо

Дунейпсо Адыгэбзэ диктанткIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр ягъэлъапIэ

Адыгэу дунейм тетым гъатхэпэм и          14-м ягъэлъэпIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, адыгэхэр куэду зэрыс республикэхэмрэ къэ­ралхэмрэ а махуэм ще­кIуэкIащ «Адыгэ­бзэ диктант».

Газ Iуэхум егъэпIейтей

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм депутатхэр иджыри зэ щытепсэлъыхьыжащ республикэм щып­сэухэм къагъэсэбэпа щIыуэпс газым и уасэр терминалхэмкIэ зытахэм я ахъшэр зэрыпхымыкIам кърикIуа Iуэхум.

Спортым нэхъри зыщиужьыным хуэгъэпсауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ щыIащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке