Статьи на кабардинском языке

Къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу мэлажьэ

ГъащIэм и IэфIыр цIыхухэм нэсу зы­хащIэну къыщIэкIынтэкъым, узыфэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм еIэзэ дохутырхэр щы­мыIамэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, зи гъащIэр медицинэм тезыухуа, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ дохутырхэр и мащIэкъым ди ­лъахэм.

Къэралым и гуп къыхэхам хагъэхьэ

ТхэквондомкIэ Урысей Федерацэм и зэ­хьэзэхуэрэ чемпионатрэ Iэпщэры­зауэмкIэ Къэзан и «Ак Барс» уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Адыгэ пщащэхэр абы къыщыхэжаныкIащ.
Къэралым и щIыналъэ 35-м икIа спорт­смен 1100-м щIигъу къыщызэхуэсат Т­этэрстаным и къалащхьэм. Я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ ахэр ерыщу зэны­къуэкъуащ.

Егоровэ Татьянэ хэтащ Европэм и Советым и ЩIыпIэ, щIыналъэ властхэм я конгрессым и зэIущIэм

Европэм и Советым и ЩIыпIэ, щIыналъэ властхэм я конгрессым хэт «Европей цIыхубэ парт» политикэ гупым и зэIущIэ иджыблагъэ видеоконференц IэмалкIэ ирагъэ­кIуэкIащ. Абы хэтащ ­КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «муниципальнэ сыхьэт» иригъэкIуэкIащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­гъатхэпэм и 3-м иригъэкIуэкIащ «му­ниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Ар теу­хуауэ щытащ дызэрыт илъэсым лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным муниципали­тетхэр зэрыхуэхьэзырым.

ЩэщIрэ еплIанэу зэкIэлъхьэужьу

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу гъэ къэс Къэхъун къуажэм щокIуэкI Афганистаным щыхэкIуэда, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр мыпсэужу зыхуагъэфэща НэгъэцIу Хьэсэнбий волейболымкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм ар щэщIрэ еплIанэу зэхаублащ.

КIуэкIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я щIэблэм яритыжащ я нэхъыжьхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэм я дэфтэрхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щаIущIащ Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта ди лъахэгъухэм я Iыхьлыхэм. Зауэ зэманым къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу и чэзум яIэрыхьэжауэ щытакъым цIыху куэдым.

КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм щыщу Хэку зауэшхуэм хахуэу хэтахэм я унагъуэхэм яритыжащ я нэхъыжьхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэм я дэфтэрхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм икIыу Хэку зауэшхуэм кIуахэм ящыщу цIыху 40-м къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щаритыжа зэIущIэ.

Бзэр кIуэдыркъым, абы иримыпсалъэрщ кIуэдыр

Дуней псор зэщIэзыщта пандемием цIыхухэр зэхэмыхьэу унэм зэрыриубыдам ещхьу, лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми я лэ­жьыгъэр яхуемыгъэкIуэкIыу къызэтригъэувыIащ, шэщIауи къа­хузэмыгъэпэщ ищIащ.

Республикэм щыпсэухэр IэнатIэкIэ къызэрызэрагъэпэщым пылъ гугъуехьхэр

КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ лэжьапIэншэу зезыгъэтхахэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэм.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ щыIащ ЩIыналъэм унафэ хуэщIынымкIэ центрым, илъэс кIуам и щэкIуэгъуэ мазэм къызэIуахам.

Центрым и унафэщI Дыгу­лыбгъу Маринэ КIуэкIуэ Казбек щы­гъуа­зэ ищIащ я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм. Центрыр зэры­лажьэ зэманым къриубыдэу республикэм щыпсэухэм абы мини 3,5-рэ хуэдизрэ зыхуагъэзащ, абы щыщу минитIым щIигъур 2021 гъэр къызэрихьэрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке