Статьи на кабардинском языке

КIуэкIуэ Казбек УФ-м спортымкIэ и министр Матыцин Олег IуощIэ

КIуэкIуэ Казбек гъатхэпэм и 16-м Москва къалэм щыIущIащ УФ-м спортымкIэ и министр Матыцин Олег. Ахэр тепсэ­лъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спорт IэнатIэм зыщегъэужьыным ехьэ­лIа Iуэхухэм.

ЛъэпкъылI телъыджэ

А зэманым лэжьапIэр хуабжьу зэпэубыдат. Псом хуэмыдэжу зи щIыбагъым благъэ къулей е къулыкъущIэшхуэ гуэр къыдэмытхэм я дежкIэ. Сэри сащыщт ап­хуэдэхэми, университетыр къызэрызухамкIэ диплом къысIэщIалъхьэу уэрамым сыкъыдаутIыпщхьами, си щхьэр здэсхьынур сымыщIэу а сыкъызыдаутIыпщхьа уэрам дыдэм сыдэтт.

КIуэкIуэ Казбек «Сириус-21» хьэрш программэм хэтхэм захуигъэзащ

Налшык къалэ дэт курыт школ №33-м иджыблагъэ Iэтауэ къыщызэIуахащ «Сириус-21» хьэрш программэр. Абы хэтхэм видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Шахматхэм щыпащтыхь Къармэ Мажмудин

Дунейм лъэужь дахэ къыщигъэнащ КъБР-м Шахматхэмрэ шашкэхэмкIэ и федерацэм щIыхь зиIэ и президент, урысейпсо категорие зиIэ судья, категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер, Къэбэрдей-Балъкъэрым физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къармэ Мажмудин. Спорт лIэужьыгъуэ нэхъыжь дыдэм блэкIа лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм абы ди деж щиIа тепщэныгъэм зыми шэч къытрихьэртэкъым.

Псом ищхьэу дызыхуейр сыт?

Нэхъ ипэкIэ щыIа тхылъ­хэм е зэрырагъаджэу щы­та­ лэжьыгъэхэм я гугъу щып­щIым деж, ахэр мы­хъу­ну щытауэ къащыфIэщI ­­щыIэщ. Ауэ аракъым­ Iуэ­хум и пэжыпIэр. Дэтхэнэ зыри зэрыщыгъуазэ­щи, гъа­щIэм, цIыхум и щыIэныгъэм, техникэм ­заужь зэпытщ. Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмрэ абыхэм я пашэу мэбакъуэ.

ЦIыху псэ къабзэ

Мы тхыгъэ кIэщIымкIэ фэдгъэцIыхуну Исакъ Заринэ Руслан и пхъур 1995 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м Бахъсэн къыщалъхуащ. Бахъсэн дэт еджапIэ №4-р ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым щIэтIысхьэри, дохутыр IэщIагъэр абы щызригъэгъуэтащ. ИужькIэ ординатурэм псантхуэм еIэзэным щыхуеджащ.

IэщIагъэлI щIалэхэр зэпоуэ

Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм щеджэ студентхэр хэтащ «IэщIагъэлI щIалэщIэхэр» (Worldskills Russia) Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ зэпеуэу гъатхэпэм и 1-м щIидзам.

Захуагъэмрэ пэжымрэ я телъхьэ

«Захуагъэм тет Урысей» («Спра­вед­ливая Россия») пар­тым псори зыщIэ­хъуэпс, ауэ нобэр къыздэсым зрамыгъэхъулIэф Iуэхушхуэ зэ­фIигъэкIащ. Абы иджыри пар­титI зыгуигъэхьащ: «Пэ­жым и телъхьэу» («За правду») ­партымрэ «Урысей хэкупсэхэмрэ» («Патриоты Рос­сии») цIэр зезыхьэмрэ. Иджы езым зэреджэми зи­хъуэжащ: «Захуагъэм тет Урысей - хэкупсэхэр пэжым щIобэн».

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм защыхъумэным теухуауэ Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIа зэIущIэм

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий гъатхэпэм и 12-м иригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэр щIыуэпс къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэм, мафIэсхэм ящыхъумэным хуэгъэзауэ 2021 гъэм зэфIагъэкIын хуейхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.

Бзэр тхуэхъумэмэ, лъэпкъри псэунущ

Ди бзэр адыгэбзэщ, анэм къыддилъ­хуащ.­ Сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэкIами и къа­лэнщ езым и хабзэр, и щэнхабзэр, и бзэр ихъумэжыну. Дэри абы дытетщ. ДиIэщ адыгэ хабзэр. Адыгэ хабзэм и ­лъапсэр адыгагъэращ. Iэдэбыгъэр, цIыхугъэр, нэмысыр, укIытэр, напэр… А фIыгъуэ псори къытхуэзыгъэщIа, тхуэзыхъума ди нэхъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке