Статьи на кабардинском языке

НыбжьыщIэхэр утыку къохьэ

Хабзэ хъуауэ, Урысей щIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу ди къэралым и щIыналъэхэм илъэс къэс къыщызэрагъэпэщ «ЩIэ­ныгъэм хэзышэ лъэба­къуэ» щIэныгъэ-практикэ конференцхэр. Ныбжьы­щIэхэр щызэчэнджэщ ап­хуэдэ зэIущIэ купщIафIэ мы махуэхэм щокIуэкI ди республикэми.

Ди блэкIар тщымыгъупщэн папщIэ

Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Нарышкин Сергей видео­конференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету иригъэкIуэкIащ Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и президиумым и зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм, абы цIыху мамыру хэкIуэдахэм я бжыгъэр ди зэманым языныкъуэхэм зэры­хуейуэ къалъытэу зэрыхуе­жьар яхуэбдэ зэрымыхъунум.

КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ коронавирус зэфыкIхэм я бжыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъ мащIэ зэрыщыхъур

КIуэкIуэ Казбек мазаем и 9-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым, а узыфэм зэ­ры­пэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъы- зыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.

ЦIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм топсэлъыхь

КIуэкIуэ Казбек мазаем и 9-м иригъэкIуэкIащ республикэм хуэмыщIауэ щып­сэухэм социальнэ и лъэ­ныкъуэкIэ защIэгъэ­къуэнымкIэ щыIэ хэ­кIы­пIэхэр щызэпалъыта зэIущIэ.

Лъэпкъ гупсысэмрэ щхьэхуещагъэмрэ зэзэгъыркъым

Дэтхэнэ лъэпкъми езым и щIэныгъэр, и щхьэ хущытыжынымкIэ бгъэдэлъ къарур къызыпкърыкIыр, зыхэхуэ лъэхъэнэхэм я зыгъэзэгъуэхэр зыхуэдэм елъытауэ, зэм нэхъ къызэщIэрыуэу, зэми нэхъ фагъуэ хъууэ, арщхьэкIэ зэи мыужьыхыу лIэщIыгъуэхэм къапхрих и лъэпкъ гупсысэрщ.

Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ

Илъэс блэкIам и кIэух дыдэм, дыгъэгъазэм и 30-м, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм Мэзкуу щригъэкIуэкIа зэIущIэм хъыбар гуапэ къытхуихьащ. Къэралым и цIыхубз командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ ди лъахэгъу, «Спартак-Налшыкым» щыджэгуа икIи и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ.

Дунейр - сабийхэм я нэкIэ

Лъэпкъ музейм щагъэ­лъагъуэ «Сабиигъуэм­ и плъыфэ щхъуэкIэ­п­лъы­кIэ­хэр» выставкэр. Ар къы­зэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ «Тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэ» IуэхущIапIэм и республикэ къудамэмрэ.

Шэрэдж Ищхъэрэм дэт курыт школыр зэрагъэпэщыжынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 6-м щыIащ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм. Республикэм и УнафэщIым Инстраграмым щиIэ напэкIуэцIым абы щилъэгъуахэм ятеухуауэ иритхащ:
«Нэхъ пасэуи зэрыжысIащи, Шэрэдж Ищхъэрэм дэт курыт школыр зэдгъэ­пэ­щыжынущ. Нобэ сыкъакIуэри зэзгъэ­лъэ­гъуащ абы и щытыкIэр.

Депутатхэм коронавирусым пэщIэтыф мастэр зыхрагъалъхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ коронавирусым ущызыхъумэ мастэр цIыху­хэм яхэлъхьэным. Вакцинэр щыхаIу щIы­пIэхэр яубзыхуащ, а лэ­жьыгъэм къыху­зэрагъэпэща гупхэр лэжьапIэхэм кIуэурэ мастэр абы щыхаIу. Республикэм и хабзэубызыху органми «Гам-Ковид-Вак» урысей вакцинэр иджыблагъэ щыхалъ­хьащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэмрэ Аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ.

Жэуапыншэу топищ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зыщыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» щIышылэм и 29-м етIуанэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр «ДыгъафIэ ­къалэм» и стадионым щригъэкIуэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке