Статьи на кабардинском языке

И ДУНЕЙ ТЕТЫКIЭМКIЭ ЩАПХЪЭ

Бзылъхугъэм гъащIэм щигъэзащIэ мыхьэнэм и инагъыр къып­хуэ­мылъытэным хуэдизщ. ТхакIуэ дапщэ тетхыхьами, усакIуэ дапщэм усэбзэ дахэкIэ къаIуэтами, иджыри нэсу жаIэфауэ къыщIэкIынкъым цIыхуб­зым и уасэмрэ и пщIэмрэ. ИтIани, куэд къызэщIиубыдэу IутIыж Борис жиIэфауэ къысщохъу мыр: «ЦIыхубзыр ар цIыху тхьэпэлъытэщ, КъэзыгъэщIыфу къигъэщIащ». Ар шэч къызытумыхьэжынщ. 

IЭПЭIЭСЭХЭР ЯГЪЭГУШХУЭ

Мы гъэм и жэпуэгъуэм Москва щрагъэкIуэкIынущ­ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ­хэм папщIэ къызэрагъэ­пэща «Руками женщи­ны» еплIанэ дунейпсо фес­тивалыр. Зэхыхьэр къы­хэзылъхьахэм я дэIэпы­къуэ­гъущ ТуризмэмкIэ фе­деральнэ агентствэр, Евразие цIыхубз зэхуэсыр.

ЗЭМАНЫМ КЪИГЪЭУВ IУЭХУГЪУЭХЭР

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэгъэув IэнатIэм и чэзу зэIущIэр вэсэмахуэ иригъэкIуэкIащ. 

ПСЭУНЫГЪЭМ ЛIЫГЪЭ ХЭЛЪЩ

Хэти къыгурыIуэ къыщIэкIынщ цIыхум и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ къызэпызыуд Iэмалу экст­ре­миз­мэмрэ терроризмэмрэ зэрыщытыр. IэщIа­гъэлI­хэм зы жьэу жаIэ щIэблэр зэфIэувэн щыщIидзэм, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ щысабийм щегъэжьауэ, зи гугъу ­тщIы Iуэхухэм ахэр щыхъумэным, цIыху гъащIэр абыхэм зэрак­ъутэр къагурыгъэIуэным иужь зэритыпхъэр.

ГУГЪУЕХЬ КЪЫКЪУЭКIАХЭМ Я ХЭКIЫПIЭХЭР КЪАЛЪЫХЪУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэхэмкIэ Правительствэ комиссэм и штабым хэтхэм я зэIущIэм. Ар теухуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм я социально-политикэ щытыкIэр зыхуэдэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Урысейм и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр.

ГУГЪЭФIХЭР УЭЗЫГЪЭЩI СПОРТСМЕН ЩIАЛЭЩIЭ

Мы махуэхэм Тэрч щIыналъэ администрацэм гуфIэгъуэ зэIущIэ щызэхэтащ. Абы щагъэлъэпIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионату Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIам зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъэгъуа Гъуэныбэ Iэуесрэ абы и гъэсакIуэ Белгъэрокъуэ Эдуардрэ.

ГЪАТХЭ

Гъатхэр щыбауэкIэ, уафэм зеукъэбзыж, жыгхэр мэтIэпI, удзхэр мэгъагъэ, псынэпсыр мэуэршэр. Бзухэрщ и уэрэдусри, щIыуэпсым макъамэ къыхах, уафэм щагъафIэри, щIылъэм щызэдожьу. Дыгъэм егуэш насып, бзийхэр зэкIэщIипхъауэ. Гъатхэм гухэлъыр мэуш, пщIыхь дахэхэм хапIыкIауэ. Гъатхэм къыхех мэ гуакIуэ, псэхэр зогуакIуэ гъатхэм. ЩIылъэм щитIагъэ фащэр гухэлъкIэ хедыкIыр уафэм.

УЭШХ ХЬЭЩIЭ

Уэшхым содаIуэ. ЛъапцIэу сыхэтщ. Зыри жимыIэу, куэд къызеIуэкIри, уэ узогъэщхьыр уэшхыр. Уафэм къыщожьэ, щIылъэм лъоIэсри, ткIуэпсхэр мэщащэ. Сыту сфIэмащIэ уэшхыр… СызыхуэпIащIэ ткIуэпсхэр уафэм еубыдыжри, сэри салъэIэсыжкъым. Си гум илъыжкъым гуауэ. Ауэ… уэшхыр къемышхыуи дауэ?! Сэ ар къысфIощI уэрауэ… СощIэ, жыпIэнур сощIэ…УкъысхуэкIуат уэшх хьэщIэу. Уи гур нэщхъейрэ, нэщIу.

ЛIЫГЪЭМ И ДЕРС

КъБР-м и полицейхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм ящIыгъуу «ЛIыгъэм и тхьэмахуэ зэхуаку» акцэм хыхьэ Iуэху щхьэпэхэр республикэм щрагъэкIуэкI.

ЗЫ ЛЪЭПКЪИ ИIЭКЪЫМ АПХУЭДЭ УАРДАГЪЭ

(Адыгэ бзылъхугъэм хужаIахэр)
 Ижь-ижьыж лъандэрэ къэрал зэхуэмыдэхэм ящыщ къэхутакIуэхэр, еджагъэшхуэхэр ягъэщIагъуэу адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьащ. Ахэр тепсэлъыхьащ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэм, и акъыл жаным, ар нэхъри гуакIуэ зыщI зэрихьэ хабзэ гъэщIэгъуэнхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке