Статьи на кабардинском языке

ЛЪЭПКЪХЭМ Я ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭР ЗЫГЪЭБЫДЭХЭР

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм литературэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, чуваш лъэпкъым и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ «Нарспи» чуваш лъэпкъ щэнхабзэ центрым и жэрдэмкIэ.

ЦIЫХУ МИНИПЩIЫМ ЯЛЪЭГЪУАЩ

Мэзкуу иджыблагъэ щекIуэкIа дунейпсо щIэныгъэ гъэлъэгъуэныгъэм нэхъ щIэупщIэ щызиIахэм, цIыхушхуэ зэкIуэлIахэм ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и плIанэпэр. Абы еплъыну хунэсащ цIыху мини I0-м щIигъу.
«Егъэджэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ» – аращ зэреджэр къалащхьэм щекIуэкIа 54-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм.

ЕДЖАПIЭР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖЫНУЩ

Егъэджэныгъэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткӀэ, дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм зэрагъэпэщыжын щ1адзэнущ Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэм дэт, Къардэнхэ Къубатийрэ Къэбардрэ я цӀэхэр зезыхьэ курыт еджапӀэр.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫР ЩХЪУАНТIАГЪЭМ И ЩЫХЬЭРЩ

ЩIыуэпс

Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгыу гектар минрэ ныкъуэрэ щагъэтIысащ 2021 гъэм къриубыдэу. Жыг Iэрысэхэм дунейр гуимыхужу къызэрагъэдахэм, щхъуантIагъэкIэ бей зэрищIым щIыналъэм къихьэми икIыжми гу лъатэ, интернетым и щIыпIэ куэдым щытопсэлъыхь.

БЖЫГЪЭХЭМ Я ДЕРС

Егъэджэныгъэ

Дызэрыт илъэсым мазаем и 14-м щегъэжьауэ гъатхэпэм и 13 пщIондэ «Яндекс» утым «Бжыгъэхэм я дерс» зыфIища урысейпсо егъэджэныгъэ проектыр ирегъэкIуэкI.

ГЪУЭГУМ КЪЫЩЫХЪУАР

ГъащIэ теплъэгъуэ

ЩIымахуэу умыщIэну, хуабэт дыгъэгъазэ мазэр. Уеблэмэ, вакъэ хуабэ лъамыгъагъыжыфу, туфлъэкIэ къыдэкIахэми уащрихьэлIэрт уэрамхэм. Уэсыр сфIэфIыщэуи жысIэфынутэкъым, ауэ, а гъэм сэр дыдэри сызыхуигъэзэшат!

ПЛАНЕТЭМ «PROXIMA C» ФIАЩАЩ

Астрономхэр куэд щIауэ щыхьэт зэрытехъуащи, ди Дыгъэм ирагъэщхьу абы нэхъ къыпэгъунэгъу дыдэр Проксимэ Центаврэ зи фIэщыгъэ вагъуэ жьэражьэрщ.

УЭЩТЕНЭ

Мы цIэр зезыхьэ бгыр Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм щхьэщыIэтыкIа Iуащхьэхэм ящыщ зыщ, метр 2804-рэ и лъагагъщ.

IыхьитIу зэхэт фIэщыгъэр зэрызэхэухуэна щIыкIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

ЩЭНХАБЗЭ IУЭХУЩIАПIЭХЭР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Республикэм щэнхабзэм зыщегъэужьыным иужьрей илъэсхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкI Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ ЩэнхабзэмкIэ унэхэр ухуэныр, ахэр зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныр.

ЗЭДЭЛЭЖЬЭНУ ЗЭГУРОIУЭ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам и лэжьапIэ пэшым щыIущIащ республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и лIыкIуэхэм – абы и унафэщI Къущхьэ Иналрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр КIэмпIу Зурианэрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке