Мы гъэм и жэпуэгъуэм Москва щрагъэкIуэкIынущ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Руками женщины» еплIанэ дунейпсо фестивалыр. Зэхыхьэр къыхэзылъхьахэм я дэIэпыкъуэгъущ ТуризмэмкIэ федеральнэ агентствэр, Евразие цIыхубз зэхуэсыр.
Урысейм и щIыналъэ 70-м щIигъум, нэгъуэщI къэралхэм щыщ бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ иджырей выставкэу къалъытащ япэIуэкIэ щыIахэр, уеблэмэ а гъэлъэгъуэныгъэр пашэ щыхъуащ Президент грант щыхуагъэфащэ зэпеуэм. Бзылъхугъэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Франджымрэ Италиемрэ.
Зэхыхьэм ирагъэблагъэ цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я IуэхущIапIэхэм, я лIыкIуэхэр, IэпэIэсэхэр дизайнерхэр, художникхэр, дахагъэ къэгъэщIыным епхауэ лажьэ нэгъуэщIхэри, УФ-м, СНГ-м, хамэ къэралхэм я турист IуэхущIапIэхэмрэ агентствэхэмрэ.
ЦIыхубэ художественнэ IэпщIэлъапщIэхэм папщIэ ирагъэкIуэкI «Руками женщины» дунейпсо фестивалым и къалэн нэхъыщхьэр Урысейм, СНГ-м, нэгъуэщI къэралхэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр декоративно-прикладной гъуазджэм и дахагъэмкIэ, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэмкIэ, къадекIуэкI хабзэхэмкIэ ягъэлъэгъуэнырщ.
Фестивалым и программэм хыхьэу выставкэхэр, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр, мастер-классхэр, урыс, дунейпсо къэпщытакIуэхэр зыхэтыну щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщынущ. Махуищым къриубыдэу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуа фестивалым къэралхэм я лIыкIуэхэр зыхэтыну къэпщытакIуэ гупым къыщыхахынущ зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ и лауреатхэмрэ. Апхуэдэхэм я лэжьыгъэхэр хамэ къэралхэм щагъэлъэгъуэнущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.