Статьи на кабардинском языке

БЖЫГЪЭХЭМ Я ДЕРС

Егъэджэныгъэ

Дызэрыт илъэсым мазаем и 14-м щегъэжьауэ гъатхэпэм и 13 пщIондэ «Яндекс» утым «Бжыгъэхэм я дерс» зыфIища урысейпсо егъэджэныгъэ проектыр ирегъэкIуэкI.

ГЪУЭГУМ КЪЫЩЫХЪУАР

ГъащIэ теплъэгъуэ

ЩIымахуэу умыщIэну, хуабэт дыгъэгъазэ мазэр. Уеблэмэ, вакъэ хуабэ лъамыгъагъыжыфу, туфлъэкIэ къыдэкIахэми уащрихьэлIэрт уэрамхэм. Уэсыр сфIэфIыщэуи жысIэфынутэкъым, ауэ, а гъэм сэр дыдэри сызыхуигъэзэшат!

ПЛАНЕТЭМ «PROXIMA C» ФIАЩАЩ

Астрономхэр куэд щIауэ щыхьэт зэрытехъуащи, ди Дыгъэм ирагъэщхьу абы нэхъ къыпэгъунэгъу дыдэр Проксимэ Центаврэ зи фIэщыгъэ вагъуэ жьэражьэрщ.

УЭЩТЕНЭ

Мы цIэр зезыхьэ бгыр Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм щхьэщыIэтыкIа Iуащхьэхэм ящыщ зыщ, метр 2804-рэ и лъагагъщ.

IыхьитIу зэхэт фIэщыгъэр зэрызэхэухуэна щIыкIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

ЩЭНХАБЗЭ IУЭХУЩIАПIЭХЭР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Республикэм щэнхабзэм зыщегъэужьыным иужьрей илъэсхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ. Абы и лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкI Iуэху щхьэпэхэм ящыщщ ЩэнхабзэмкIэ унэхэр ухуэныр, ахэр зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныр.

ЗЭДЭЛЭЖЬЭНУ ЗЭГУРОIУЭ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам и лэжьапIэ пэшым щыIущIащ республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и лIыкIуэхэм – абы и унафэщI Къущхьэ Иналрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр КIэмпIу Зурианэрэ.

ТIУАПСЫ И ГЪУНЭГЪУЩ

Агуий – аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри. 

ДЯПЭКIЭ ЩЫIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ

Дэ допсэу дунейпсо цIыху­бэм и Iуэхухэр кIуэ пэтми къыщыбатэ, лъэпкъышхуэхэм я бзэхэр, псом япэуи инджылызыбзэр, дунейпсо Iуэхухэр зезыгъакIуэхэр, лъэпкъ цIыкIухэм къащы­тегуплIэ лъэхъэнэм. Дуней псом деж цIыхубэм я Iуэху зэрыкIуатэм, зэрыпсэум ехьэ­лIа къэхъукъащIэхэм я зэгъэуIупIэ, зэбгырыкIыпIэ Интернетым, зэрыжаIэщи, цIы­кIуи ини зэщIеIулIэ, абы зэ­ману хухахым кIуэ пэтми хохъуэ.

АНЭБЗЭ ЩIЫХУЭР

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа усакIуэ щэджащэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд… - лъэпкъым вагъуэ мыужьыхыжу диIэ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIауэ деджэкIэ, адыгэбзэм хуэдэу ди псэм нэсынукъым. Ар хьэкъщ. Ар апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыщ: хамэбзэр здынэсыр ди акъылращ, анэбзэр здынэсыр дигуращ.

АДЫГЭ ТХЫБЗЭМ И МАХУЭ ЛЪАПIЭ

ЩIы хъурейр къызэригъэщI­рэ абы лъэпкъ куэд щопсэу. Дэтхэнэми ехъу­лIэныгъэ иIэу зиужьын, и щэнхабзэм зы­къиIэтын, къыщIэхъуэ щIэб­лэм гъащIэ хъуэпсэгъуэ яхуиухуэн папщIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ я тхыбзэр къызэгъэпэ­щы­ным. Адыгэ лъэпкъми нобэ бгъэ­дэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъап­сэр ди анэдэлъ­хубзэращ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке