|
Статьи на кабардинском языке
15 марта, 2022 - 06:06
Агуий – аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.
14 марта, 2022 - 06:35
Дэ допсэу дунейпсо цIыхубэм и Iуэхухэр кIуэ пэтми къыщыбатэ, лъэпкъышхуэхэм я бзэхэр, псом япэуи инджылызыбзэр, дунейпсо Iуэхухэр зезыгъакIуэхэр, лъэпкъ цIыкIухэм къащытегуплIэ лъэхъэнэм. Дуней псом деж цIыхубэм я Iуэху зэрыкIуатэм, зэрыпсэум ехьэлIа къэхъукъащIэхэм я зэгъэуIупIэ, зэбгырыкIыпIэ Интернетым, зэрыжаIэщи, цIыкIуи ини зэщIеIулIэ, абы зэману хухахым кIуэ пэтми хохъуэ.
14 марта, 2022 - 06:35
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа усакIуэ щэджащэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд… - лъэпкъым вагъуэ мыужьыхыжу диIэ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIауэ деджэкIэ, адыгэбзэм хуэдэу ди псэм нэсынукъым. Ар хьэкъщ. Ар апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыщ: хамэбзэр здынэсыр ди акъылращ, анэбзэр здынэсыр дигуращ.
13 марта, 2022 - 06:35
ЩIы хъурейр къызэригъэщIрэ абы лъэпкъ куэд щопсэу. Дэтхэнэми ехъулIэныгъэ иIэу зиужьын, и щэнхабзэм зыкъиIэтын, къыщIэхъуэ щIэблэм гъащIэ хъуэпсэгъуэ яхуиухуэн папщIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ я тхыбзэр къызэгъэпэщыным. Адыгэ лъэпкъми нобэ бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэр ди анэдэлъхубзэращ.
13 марта, 2022 - 06:35
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр
илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалым хэзыгъэгъуазэ тхыгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мазаем и 14-м къыдигъэкIа Указ №14-УГ-м,
зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
12 марта, 2022 - 06:40
Бзэр - псэм и мылъку гъэтIылъыпIэщ, лIэщIыгъуэ куэдкIэ цIыхум зэхуихьэсам и хъумапIэщ. Хьэуэ, ар ахъшэкъым, мывэ лъапIэкъым. Абы и лъапIэныгъэр нэгъуэщIщ: макъамэу зэхэпх псалъэхэрщ, уэрэду къэIу псалъэ пычыгъуэхэрщ. Лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, губжьым и псалъэхэрщ. ЩIэныгъэм, щэнхабзэм я псалъэхэрщ.
12 марта, 2022 - 06:40
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIа зэIущIэм.
12 марта, 2022 - 06:39
Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIащ тхэквондомкIэ урысейпсо щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Черкесск къалэм дэт «Юбилейный» спортымкIэ уардэунэм и алэрыбгъухэм щызэхуэсащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIауэ зи ныбжьыр илъэс I2-м къыщыщIэдзауэ I7-м нэблагъэ спортсмен 500-м щIигъу.
11 марта, 2022 - 06:30
Ингушым и Нэзрэн къалэм дэт «Магас» спортым и уардэ унэм и алэрыбгъухэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гуп 14-у гуэшауэ щыта зи ныбжьыр илъэс 23-м нэблагъэ ныбжьыщIэ 270-м нэблагъэ.
11 марта, 2022 - 06:29
Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэ-лъапэу плъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым. Адыгэ хабзэм хуэгумащIэ Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм абы щхьэкIэ зы тIэкIунитIэ къыхощыжыр, езы псалъэ «хъытехри» къыщехьыр.
Страницы
|