ЦIЫХУМРЭ ПСЭУПIЭМРЭ

Урысейм и щIыналъэхэм щаухуэ псэупIэ унэхэм къахэхъуэ зэпытщ. ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, фэтэр къыдахын папщIэ унагъуэхэр илъэс тIощIырыпщIкIэ пэплъэн хуей хъууэ щытамэ, иджы дэнэкIи щыдращIей фэтэрхэм «дольщикыу» дэтхэнэ зыри хыхьэ мэхъу. УнэгъащIэхэмкIэ, бын куэд зиIэхэмкIэ, зи закъуэу псэуну хуейхэмкIэ ар хэкIыпIэ хъарзынэщ. Ауэ мы Iуэхуми хэлъщ цIыхур щIэсакъыпхъэ щэху гуэрхэр.

Унэ ныкъуэщIхэм ныкъуэхьу хыхьэхэмкIэ псом ящхьэр, къамыгъэпцIэнырщ. АрщхьэкIэ зызыужь е зызыубгъу Iуэхур хьэгъэщагъэншэ хъуркъым. УнащIэхэм ящыщ куэдыр щхьэусыгъуэ зырызыххэкIэ банкрот-ым хуокIуэри, «дольщикхэр» зыщыгугъа унэри къаIэрымыхьарэ, я ахъшэри яфIэкIуэдауэ къэнэнкIэ мэхъу. Апхуэдэ щытыкIэм цIыхухэр щихуащ ди гъунэгъу Кавминводы къалэм, Осетие-Ищхъэрэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм. Лей къызытехьэхэм гугъапIэу къахуэнэр УФ-м «дольщикхэм» я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ фондырщ.

2015 гъэм «Тулуза Интер-Сервис» ухуакIуэ IэнатIэм унагъуи 122-м тещIыхьауэ Владикавказ къатипщIу зэтету къыщригъэжьа унэм и инагъыр метр зэбгъузэнатIэ мини 10,5-рэ хъурт. Унэр зыIыгъыну гъущI каркасхэр ягъэувщ, блынхэр дращIей хуэдэу ящIри, ухуэныгъэр абдеж къыщызэтеувыIащ, гугъу ехьу илъэситI енкIэ абы зи мылъку хэзылъхьахэр хэкIыпIэншэу утыкум къинауэ. Зэрыхь-зэрылъэфу ежьа Iуэхум кIэ щигъуэтар 20I8 гъэм УФ-м «дольщикхэм» я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ фондым ухуэныгъэр и кIэм нигъэсыну къищта нэужьщ. Урысейм и Ипщэ щIыналъэхэм фондым къыщищтащ илъэс куэд хъуауэ яхуэмыухуэ унэ зэтет лъагэхэу 22-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, ныкъуэхьу мылъку зыхалъхьэ унэхэм хуэдэ ди щIыналъэми щаухуэ, арщхьэкIэ абыхэм цIыху куэд хыхьэркъым. Фэтэрхэр яухуэну хуитыныгъэ зрата застройщикхэмрэ щэхуакIуэхэмрэ къызэрыгуэкI щIыкIэм тету ахъшэр зэIэпах, ныкъуэхьу къызэрыхэувэмкIэ зэгурыIуэныгъэ ирамыщIылIэу. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ ухуэныгъэр къызэтеувыIэмэ, апхуэдэхэм «къагъэпцIа «дольщикхэм» ягъуэт хуитыныгъэр яIэнукъым. ХэкIыпIэу къанэр щэхуакIуэхэр къэзыгъапцIэхэр хабзэм ирашэлIэнырщ. Псом нэхърэ нэхъыфIыр Iуэхум ухыхьэн ипэкIэ нэсу зыщыбгъэгъуэзэнырщ.

ЛЪОСТЭН Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.