БЗУ НЭХЪ ЦIЫКIУ ДЫДЭР

Дунейм нэхъ бзу цIыкIу дыдэу тетым «колибри»-кIэ йоджэ. Ар лIэужьыгъуэ 300-у зэщхьэщокI. Плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэ дахэ яIэщ. Колибрим я нэхъыбэм сантиметри 5 - 7 я кIыхьагъщ. Нэхъ ин дыдэр я кIапэмрэ  пэмрэщ. Илъэси 9 хуэдизкIэ мэпсэухэ. Нэхъыбэ дыдэрэ псэуауэ къабжащ илъэс 17. Я нэхъ цIыкIу дыдэр, «колибри – бжьэ цIыкIу» зыфIащар граммитI къудей хъууэ аращ. Колибрим ящыщу лIэужьыгъуэ нэхъ иным «исполин колибрикIэ» йоджэ. Абыхэм сантиметр 21-рэ я кIыхьагъщ, грамм 20 я хьэлъагъщ. Бзум и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэми фIэщыгъэцIэ гъэщIэгъуэнхэр яIэщ: «колибри - мелыIыч», «уэс пыIэ зыщхьэрыгъ колибри», «пщэ налкъут цIыкIу», «къэзылъэтыхь аметист», нэгъуэщIхэри. 
Зэ еплъыгъуэкIэ, бзу цIыкIухэр махэ дыдэу къыпщохъу. Ауэ бзухэм яхэту къыщIэкIынукъым абыхэм нэхърэ нэхъ бэшэч. Колибрихэр щыIэщ Аризонэм, Шотландием, Аргентинэм, Аляскэм. 
ГъэщIэгъуэнщ мыри: колибрим и Iэпкълъэпкъ цIыкIум и зэхуэдитIыр и гурщ. Ар егъэлеяуэ псынщIэу къоуэ: зы дакъикъэм 500-рэ. Колибрим и пщэ цIыкIур градуси 180-кIэ иреIуэнтIэкIыф. Зыщыпсэу щIыпIэр щахъуэжым деж, зы жэщ-махуэм къызэранэкIыф километр мин бжыгъэ. Бзу цIыкIухэр щIэх-щIэхыурэ машхэ икIи я хьэлъагъым нэхърэ нэхъыбэ шхын яхуогъэткIу. Я шхыныгъуэщ хьэпщхупщ цIыкIу дыдэхэмрэ гъэгъэпсIэфIрэ (нектар). Зы сыхьэтым километр 80 хуэдиз къалъэтыхь. Зы меданым я дамэр зыбгъупщIрэ яшэщI. Бзу лIэужьыгъуэхэм ящыщу колибрим и закъуэщ щIыбкIэ, а пхуэдэуи и лъакъуэхэр дэгъэзеяуэ лъэтэфыр. 
Колимбри лIэужьыгъуэхэм я нэхъыбэм абгъуэ щащI жыгхэмрэ къуацэ-чыцэхэмрэ. Ауэ яхэтщ къырым псэупIэ щызыухуэхэри. 
Бзу цIыкIум Урысейм щытеплъащ зэ закъуэ: 1976 гъэм, Беринг псыдэжым деж щыIэ Ратманов хытIыгум. 

 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.