ЯПЭ САЙТЫР

Япэрей компьютер зэпыщIэныгъэхэр (сеть) I960 гъэм къэунэхуу щIадзащ. Ди зэманым псори дызэса интернетыр абы щыгъуэ щыIэтэкъым. ИкIи ар къызытехъукIыжар ARPAnet зэпыщIэныгъэрщ. I970 гъэхэм ARPAnet-м къудамэ I5 къыхэкIырт. Къэунэхуащ электрон пощтри. I97I гъэм «@» дамыгъэр e-mail-м пащIащ. Томлинсон Рэй япэ пощт клиент зэригъэпэщащ, TENEX системэм и гъусэу. 
I983 гъэм щIышылэм и I-м къащтащ TCP/IP протокол зэуIур. Ауэ, интернетым къыгуэхыпIэ имыIэу епха хъуа WWW сервисыр щызэрагъэпэщар илъэси 8 дэкIыжауэщ. 
Дуней псом япэ дыдэ сайтыр къыщыунэхуащ I990 гъэм. Ар яухуащ ядер къэхутэныгъэхэмкIэ европей центрым (CERN) и лэжьакIуэхэу Бернес-Ли Тимоти Джонрэ Кайо Робертрэ. Сайтым фIэщыгъэ хуащIащ info. cern.ch. Ар иджыри щыIэщ, WWW сервисым и тхыдэр щахъумэу. Япэ дыдэ сайтым и копиер къэбгъуэтыфынущ htt://info.cern.ch/LMBrowser.html хэщIапIэмкIэ. 
Япэ дыдэ браузерри къэзыгупсысар Бернес Лищ. Ар япэщIыкIэ компьютер графикэм тету лэжьэфыртэкъым, тхыгъэрт зытещIыхьар. Браузерым гиперссылкэхэр щIыгъут, ухыхьэн папщIи I бжыгъэм щегъэжьауэ 45-м нэс къыхэпхырти иптхэрт. Сайтыр NeXT компьютерым и серверым хэтт. 
Къапщтэмэ, Бернес Ли Тимоти япэщIыкIэ НТТР протоколымрэ HTML компьтер бзэмрэ игъэхьэзыращ, графикэр къигъэлъэгъуэн, тхыгъэхэм къеджэн, ссылкэхэм хыхьэфын хуэдэу. Графикэм тет япэ дыдэ браузерыр – Mosaik-р - I993 гъэм къэунэхуащ. Абы щыгъуэ World Wide Web- м сайти I00-м щIигъу иIэт. 

 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.