НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭХЬЭЗЭХУЭ

Каратэ

Налшык щекIуэкIащ Араши каратэ лIэужьыгъуэмкIэ щIыналъэхэм я турнир зэIуха. А зэпеуэм илъэси  6 - 7, 8 - 9, 10 - 11, 12 - 13, 14 - 15 и 16 - 17 зи ныбжьхэр саугъэт 29-м нэблагъэм щIэбэнащ. ТекIуэныгъэр а зэхьэзэхуэм къыщихьащ Абгарян Дэвид.

Гуп-гупурэ зэпеуахэм ящыщу увыпIэ нэхъыщхьищыр яубыдащ  Arashi_Team, Predator, Sparta гупхэм.

Спортсменхэр зэрагъэхьэзырам, апхуэдэуи я гъэсэнхэм каратэмкIэ ехъулIэныгъэхэр Урысейм, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм къызэрыщахьам папщIэ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ  тренерхэу: Шахмурзаев Шахмурзэ, Майрамуков Казбек, ДыщэкI Мухьэмэд, КIэш Даут, Мэкъуауэ Алан сымэ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.