ПСЫМИ ЩIЫЛЪЭМИ ЩЫПАШЭЩ ТИМУР

Киров областым мы махуэхэм щекIуэкIащ иджырей пятиборье спорт лIэужьыгъуэм  и дво­еборье  унэтIыныгъэмкIэ щIыналъэзэхуаку зэ­хьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэси 9 -14-м ит щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр.

Зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ ди къэралым и хэгъэгуи 10-м къикIа спортсмен ­500-м. Абыхэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIы­кIуэ­хэри. 
Зэпеуэм ди спортсмен ныбжьыщIэхэм зэфIэкI лъагэхэр щызыIэрагъэхьащ. Апхуэдэу Хьэкъул Тимур, Иванцов Захар, Гавриш Александр сымэ я гупым етIуанэ увыпIэр яубыдащ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Хьэкъул Тимур, псы есынымрэ къызэдэжэнымкIэ псоми ефIэкIри.
- Ди ныбжьыщIэхэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу я зэ­фIэкI щагъэлъэгъуащ. АдэкIи я ехъулIэныгъэ­хэм хагъахъуэу спорт утыкум бжьыпэр зэрыщаIыгъынум шэч къытесхьэркъым, - жиIащ спортсменхэм я гъэсакIуэ Зенин Игорь.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.