КЪАБЛЭМЭМ ХУЭНЫКЪУЭ ДЫЩЫХЪУАР

Пасэрей цIыхухэм къагурыIуэ хъуат ахэр къэзыухъуреихьхэм тещIыхьауэ здэщыIэ щIыпIэр къапщIэ зэрыхъунур. Дыгъэр уафэ нэзым жьэхоуэ, къухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмрэ зэхигъэкIыу. Ипщэ лъэныкъуэр егъэбелджылы дыгъэр нэхъ лъагэ дыдэ зэрыхъум. Ищхъэрэр абы къыпэщIэуэ лъэныкъуэрщ. Вагъуэхэм я хабзэм хэпщIыкIмэ, абыхэми уригъуазэ мэхъу. Ауэ, уафэм пшэ къытрихьауэ, дунейм и къэхъукъащIэкIэ щIыпIэр бгъэбелджылыну Iэмал ущимыIи къохъур. Абы щыгъуэм къосэбэпыр къаблэмэр (компасыр). Ар меридианыр къэзыгъэлъагъуэ Iэмэпсымэщ, къэбгъэсэбэпыну тыншщ. Дауэ къэунэхуа хъуа ар?
Къаблэмэуэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щыIэщ. Ахэм ящыщу нэхъыбэу къагъэсэбэпыр тIущ: малъхъэдис зыхэтрэ зыхэмытрэ. КъызэралъытэмкIэ, нэхъапэу къежьащ малъхъэдис зыхэтхэр. МалъхъэдиситIым зызэрызэхуашэмрэ зызэрызэпыIуадзымрэ я Iэмалыр къагъэсэбэпу ящIащ ар. Iэмэпсымэм и малъхъэдис щIыкIэр Китайм къыщыунэхуащ. Ди эрэм ипэкIэ III лIэщIыгъуэм къэунэхуауэ хуагъэфащэ «синань» Iэмэпсымэр. Абы «ипщэр зыгъэбелджылы» жиIэу къокI. Бжэмышх щIыкIэу щыт, къу цIыкIу зиIэ Iэмэпсымэм малъхъэдис хэтт. Зэпэхъурей къигъэпща лъэныкъуэр жэз е пхъэ пIащIэм тралъхьэрти, къу цIыкIур кIэщIэрыIэурэ Iэмэпсымэр кIэрахъуэрт. КъэувыIа нэужь абы къигъэлъагъуэрт ипщэ лъэныкъуэр. XI лIэщIыгъуэм къэунэхуащ бдзэжьей цIыкIум и теплъэу гъущIым къыхэщIыкIа компас. Ар ягъэплъырти, псы щIыIэ зэрыт кумбыгъэм халъхьэрт. Абы щыгъуэм бдзэжьей цIыкIум и щхьэр къыздэхутэр ипщэ лъэныкъуэрт. А лъэхъэнэхэм ирихьэлIэу иджыри къаблэмэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ къежьащ. Яхэр зэпкърилъхьащ Китайм щыщ Гуа Шень. Китайм и кхъухьхэм къаблэмэуэ къыщагъэсэбэпырт малъхъэдис зыхэт мастэрэ пхъэ тыкъыр зэрылъ кумбыгъэрэ. Кумбыгъэм псы изт. XII лIэщIыгъуэм щыгъуэ апхуэдэ компасыр хьэрыпхэми къагъэсэбэп хъуащ, зы лIэщIыгъуэ дэкIри - Европэми. Италием къыщаублащ кумбыгъэм и щхьэм абдж тралъхьэу. Абы и фIыгъэкIэ, жьы къыщепщэм дежи зэран имыIэу лажьэрт Iэмэпсымэр. «Компас» псалъэр латиныбзэм къытекIащ, «къэпщын» жиIэу къокI. XIV лIэщIыгъуэм малъхъэдис зыхэт стрелкэр теплъэ хъурей зиIэ тхылъымпIэм и кум ирагъэувэрт. Зэман дэкIри, тхылъымпIэ хъурейр Iыхьэ пщыкIухыу зэпахукIащ, нэхъ иужьыжкIи – щэщIрэ тIууэ. XVI лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу стрелкэр кIэрэхъуэн хуэдэу зыщIыпIэ фIащIэ хъуащ (кардан). Илъэси 100 дэкIри, пеленгатор кIэрахъуэри къэунэхуащ. Къаблэмэр куэдкIэ зэрефIэкIуам и фIыгъэкIэ, цIыхухэр хы гущIыIум жыжьэу техьэну дзыхь ящI хъуащ. XX лIэщIыгъуэм тенджызым техьэхэм къагъэсэбэпырт малъхъэдис зыхэмыт гирокомпасхэр. Абы и лэжьэкIэр гироскопымрэ щIыр зэрыкIэрахъуэмрэ тещIыхьат. Роторыр яукъуэдийрти, абы зыздигъазэ лъэныкъуэр ищхъэрэт. Япэ гирокомпасыр 1885 гъэм къэунэхуащ. Абы и ужькIэ ар куэдрэ ирагъэфIэкIуащ. 
Урыс кхъухьзекIуэхэм япэу къаблэмэр къагъэсэбэпауэ щытащ 1599 гъэм. 1940 гъэхэм Симса псыдэжым деж иIэ Фаддее хытIыгум археологхэм къыщагъуэтауэ щытащ XVII лIэщIыгъуэм хым тета урысхэм я хьэпшыпхэр. Абыхэм яхэлът пыл къупщхьэм къыхэщIыкIа, щхьэтепIи зиIэж къаблэмэ. Тхыдэджхэм жаIэ, 1630 гъэхэм Индигиркэ зекIуэ щыIа Ерастов Иван и кхъухьыр къаблэмэкIэ къызэгъэпэщауэ щытауэ. Къаблэмэ итащ Дежнёв и кхъухьми. 1640 гъэхэм ар Чукотскэ хытIыгум къыпекIуэкIри, Урысеймрэ Аляскэмрэ я зэхуакум псыдэж зэрыщыIэр игъэбелджылат. 
Ди зэманым щыIэ къаблэмэхэр электроннэщ. 
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.