УРЫСЫБЗЭМ И МАХУЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭУ

Урысыбзэм и махуэр махуэгъэпсым къыщыщыунэхуар 2010 гъэращ, ООН-м жылагъуэм хуаIэ пыщIэныгъэмкIэ и департаментым зэгухьэныгъэм Iуэху зэрызэрихьэ бзихым хухэха махуэщI гъэувын хуейуэ къыхилъхьа нэужь. Урысыбзэр славяныбзэхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэщ, абы ирипсалъэхэм я бжыгъэм тепщIыхьми, дуней псом нэхъыбэ зэрыщызэгурыIуэ бзипщIым хохьэ. Махуэшхуэр трагъэхуащ мэкъуауэгъуэм и 6-м - тхакIуэ, усакIуэ, драматург цIэрыIуэ Пушкин Александр къыщалъхуам. 

Илъэс епщыкIущанэ хъуауэ ар Iэтауэ щагъэлъапIэ ди къэралым и щIыналъэ псоми. Урыс классикыр къызэралъхурэ илъэс 224-рэ щрикъум мы гъэм ирихьэлIа махуэшхуэр ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Налшык дэт сабий бибилиотекэм щагъэлъэпIащ. ЩIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ библиотекэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщат Iуэху дахэ зыбжанэ, лъэпкъхэм зэдай «Пушкиным зэгъусэу дыкъоджэ» XIII Iуэхум хыхьэу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Пушкиным и усыгъэхэм фIыуэ хэзыщIыкIхэм я батл-литературэ зэпеуэр, «Зэманымрэ гъащIэмрэ дапхыкIыу Пушкиным дыIуощIэ» слайд-зэпсэлъэныгъэр, «Классикэм сурэт худощI» арт-гъэлъэгъуэныгъэр. 
Апхуэдэуи библиотекэм и щIэджыкIакIуэ жыджэрхэр хэтащ «Декламируй» зи фIэщыгъэ урысейпсо Iуэхум. Ар къызэзыгъэпэщар «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееиныгъэмрэ Волонтёр центрхэм я ассоциацэмрэщ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр я дэIэпыкъуэгъуу. IуэхумкIэ я мурад нэхъыщхьэр Пушкин А. С., нэгъуэщI тхакIуэхэм я прозэ тхыгъэхэмрэ усэхэмрэ е уэ езым уи IэдакъэщIэкIым гъэхуауэ укъеджэкIэрэ урысыбзэм нэхъыбэ дегъэхьэхынырщ, ар хъумэнырщ.
Республикэ библиотекэм а махуэм и хьэщIащ Налшык и прогимназие №65-м и класситI. ЯфIэфI дыдэу сабийхэр къеджащ Пушкиным и усэхэм, усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуахэм зыщагъэгъуэзащ, литературэ зэпеуэхэм хэтащ, Пушкиным и таурыхъхэм хэт лIыхъужьхэм я сурэт ящIащ. 
МахуэщIым ирихьэлIэу библиотекэм и лэжьакIуэхэм утыку кърахьащ гъэлъэгъуэныгъищ: «Он – наш поэт, он – наша слава» (тхылъ-иллюстрацэ), «Великий, могучий наш русский язык» (Iуэхум ехьэлIа), «По следам любимых сказок» (щIэджыкIакIуэхэм я лэжьыгъэхэр) зыфIащахэр.
 

 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.