Ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр ди хьэщIэщТырку, Иордание, Израиль къэралыгъуэхэм, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэхэр щызэхаша гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм шыщхьэуIум и 7-м яхуеблэгъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Граждан жылагъуэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм (иджы министерствэм) къызэригъэпэщ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм я фIыгъэкIэ ныбжьыщIэ куэд адэжь щIыналъэм щыIэну Iэмал гъэщIэгъуэн ягъуэт. Мы гъэм хэкужьым кърагъэблэгъа цIыху 80-м программэ щIэщыгъуэ хузэхагъэуващ. Абы и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэщ, хэкум и IэфIагъыр, бзэм и дахагъэр, къуэпсым и къарур зэхрагъэщIэныр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|