|
КIуэкIуэ Казбек яIущIащ еджакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и кIэух Iыхьэм хэтахэмрэ
30 ноября, 2020 - 06:47
Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 26-м яхуэзащ школакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуахэм, кIэух Iыхьэм нэсахэм, апхуэдэуи абыхэм я гъэсакIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ А. Къ.
Къызэхуэсахэм захуигъазэри, щIыналъэм и УнафэщIым зэпеуэм и кIэух Iыхьэм нэсахэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэрагъэхьамкIэ, ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ щалъхуа республикэм и щIыхьыр къэрал утыкушхуэм екIуу зэрыщаIэтам папщIэ, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмри гулъытэ щхьэхуэ яхуищIащ щIалэгъуалэм егугъуу щIэныгъэ зэрыратым, ахэр зэраунэтIым щхьэкIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм зэIухауэ щепсалъэм еджакIуэ- хэмрэ егъэджакIуэхэмрэ абы дэгуэшащ зэпеуэр къазэрыщыхъуамкIэ, зыгъэпIейтей IуэхухэмкIэ, я жэрдэмхэри къыхалъхьащ.
КъаIэта Iуэхухэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ, щIэныгъэ гуэдзэ ныбжьыщIэхэм щагъуэтыным ехьэлIахэр, IэщIагъэ яхуэхъунур къызэрыхахыну щIыкIэр, туризм IэнатIэм, гъащIэм къыхыхьэ технологиещIэхэм зегъэужьыныр, нэгъуэщI зыбжани.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ технологиехэм щIэгъэхуэбжьауэ зыщаужь мы зэманым щIалэгъуалэр гъащIэщIэм, дунеймрэ жылагъуэмрэ къыщыкъуэкI гугъуехьхэм пэщIэтыфыным хуагъэхьэзырыну КъБР-м и властым и органхэм зэракъалэныр, апхуэдэуи дэтхэнэ зыми бгъэдэлъ зэчийр, зыми емыщхь я зэфIэкIхэр къызыкъуахынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр я пщэ къызэрыдэхуэр, ныбжьыщIэхэм хьэрычэт яхэлъу щытыным, проектхэр зэхалъхьэм и мызакъуэу, ахэр гъэзэщIэнми щызэкъуэувэным хуаущиин зэрыхуейр.
«Дэ тхузэфIэкI псори тщIэн хуейщ къэкIуэну щIэблэхэр гъащIэщIэм хуэдгъэхьэзырыным хуэунэтIауэ. Нобэ фэ щIэгъэкъуэн фыкъытхуохъу а къалэныр къыдэхъулIэнымкIэ», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ К. В.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи жиIащ, зэпеуэм зэрыхэтар, зэрытекIуар, абы щызрагъэгъуэта Iэзагъэр, щIэныгъэр я тегъэщIапIэу школакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэм щапхъэ дахэ зэрырагъэлъагъур икIи ахэр зэхъуэкIыныгъэфIхэм зэрыхуэлажьэр: «ФIыщIэ фхузощI фи жыджэрагъым, феджэну гукъыдэж фызэриIэм, фи унагъуэхэм, еджапIэхэм, республикэм, къэралым яфI къызыхэкIын Iуэхухэр дэгъэкIыным яужь фызэритым папщIэ!» - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
ЕгъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ тепсэлъыхьащ зэпеуэм зэрыхэтынум сабийхэр зэрыхуагъэхьэзыра щIыкIэм, ныбжьыщIэхэр дихьэхыу, яфIэгъэщIэгъуну а Iуэхум къызэрыхыхьам, егъэджэныгъэ IэнатIэм проектхэм щелэжьыным зегъэужьыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я проектхэр щыпхагъэкIынымкIэ защIэгъэкъуэным, егъэджакIуэхэм папщIэ зэпеуэхэр республикэм къыщызэгъэпэщыным, къапщтэмэ, егъэджакIуэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм «КъэкIуэну зэманым и егъэджакIуэ» зэпеуэр щегъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
ЕгъэджакIуэхэм КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуащIащ зэIущIэ гуапэ зэрыригъэкIуэкIам папщIэ икIи къыхагъэщащ зыхэта зэпеуэм ныбжьыщIэхэм я лъэр нэхъри жан зэрищIар, а лэжьыгъэр къагъэтIэсхъэнуи зэрамымурадыр. «Зыгъэпсэхугъуэ ин» зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэта пщащэ цIыкIухэм ящыщ зым зэIущIэм кърихьэлIахэм яхуиIуэтащ зэхьэзэхуэр къызэрыщыхъуар, щIалэгъуалэр проектхэр зэхэлъхьэным, ахэр пхыгъэкIыным къыхэшэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи апхуэдэ предмет школ программэм хагъэхьэныр зэрыфIэтэмэмри къыхигъэщащ.
ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ егъэджакIуэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ къыхалъхьа жэрдэм псоми зэрыхэплъэнур, зи гугъу ящIа Iуэхухэм ящыщ зыбжанэм министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ жыджэру зэрыщелэжьыр икIи зэIущIэм хэтхэм ехъуэхъуащ адэкIи ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэну, текIуэныгъэщIэхэр къахьыну.
«Зыгъэпсэхугъуэ ин» зэпеуэм гъатхэпэм и 28-м щIидзауэ щытащ. Абы еджакIуэ мелуаным щIигъу хэтащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу мини 6-м щIигъум я къарур здэнысыр щагъэунэхуащ. Зэпеуэм и кIэух Iыхьэм, «Артек» лагерым щэкIуэгъуэм и 1 - 5-хэм къриубыдэу щызэхэтам, кIуат къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIа ныбжьыщIэ 1200-рэ - абыхэм ящыщу 9-р КъБР-м и лIыкIуэт. Ахэр Абазэ Мурат (текIуащ), Айбазэ Феликс (текIуащ), Асановэ Жаннет (кIэух зэпеуэм хэтащ), Белоусовэ Ладэ (кIэух зэпеуэм хэтащ), БетIрожь Сабинэ (текIуащ), Кулиевэ Танзиля (текIуащ), ПщыхьэщIэ Инал (кIэух зэпеуэм хэтащ), Цой Викторие (кIэух зэпеуэм хэтащ),Шыкъ Уэзырмэс (текIуащ).
11-нэ классым щIэсхэм дэтхэнэми сом мелуан иратынущ, адэкIи я щIэныгъэм хагъэхъуэным трагъэкIуэдэну, абы нэмыщI баллитху къыхущIагъунущ еджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэтIысхьэкIэ хухабжэн папщIэ. 9 - 10-нэ классхэм щеджэхэм сом мин щитI-щитI ират. А ахъшэр щIэныгъэ гуэдзэ зрагъэгъуэтыным, абы папщIэ зыхуеину Iэмэпсымэхэр къащэхуным трагъэкIуадэ хъунущ.
Проектыр «Урысейр зэфIэкI инхэм я къэралщ» платформэм хохьэ икIи гъащIэм жыджэру хэт школакIуэхэр къэгъэнэIуэным, зи Iуэху еплъыкIэхэр нахуэу къэзыгъэлъэгъуэф, зи зэфIэкIхэр хэIущIыIу зыщIыну мышынэ, щIэм хуеджэну, къэзыухъуреихь дунейр, жылагъуэр, зыхэт гупыр, еджапIэр, къэралыр егъэфIэкIуэным хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэр а Iуэхум тегъэгушхуэным, ахэр зэщIэгъэуIуэным хуэгъэпсащ. «Зыгъэпсэхугъуэ ин» зэпеуэм щытекIуа, кIэух зэпеуэм нэсыфа ныбжьыщIэхэм я бжыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым КИФЩI-м етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
|
11.05.2024 - 12:25 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ. |
|
11.05.2024 - 09:03 Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед |
|
11.05.2024 - 09:03 ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ. |
|
10.05.2024 - 12:25 ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. |
|
10.05.2024 - 09:03 2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым. |
|