Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ «Анэм и щIыхь» медалхэр тыным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муници­пальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округ­хэмрэ Анэм и махуэм и пэ къихуэу щы­зэхэтащ республикэм и къэрал дамыгъэр - «Анэм и щIыхь» медалыр - ты­ным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Дамыгъэ лъапIэр мы гъэм хуагъэфэщащ сабиитху, нэхъыбэ зыпI адэ-анэ 19-м. Къуэрэ пхъууэ пщыкIущ зиIэ Савенковэ Аннэ иратащ «Газель Next» автомобиль зэрыхуагъэфащэм щыхьэт техъуэ сертификат.
ГуфIэгъуэ зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В., КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б., КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэр со­-циаль­нэ и лъэныкъуэкIэ хъумэнымкIэ и ­ми­­нистр Асанов А.О., КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ М. Л., ­КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я уна­фэщI­хэр.
Видеоконференц мардэм тету къы­зэрагъэпэща Iуэхум кърихьэлIахэм за­хуигъазэри, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Анэм и махуэр гуфIэгъуэ нэхъ гуа­пэхэм, псэм ехуэбылIэхэм ящыщу зэ­ры­щытыр.
«Анэм и теплъэр псоми япэгъунэгъущ, псоми я псэм йогуэпылIэ, ар гъащIэм, мамырыгъэмрэ гуапагъэмрэ, пэжыгъэ гъунэншэм я дамыгъэщ, гъунапкъэ зимыIэ,  щхьэхуещагъэ лъэпкъ зыхэмылъ, сыт хуэдэ гугъуехьми текIуэ лъагъуныгъэм и дамыгъэщ. Анэ лъагъуныгъэр - ар къару къызэрымыкIуэщ, цIыхум и гъащIэ псом къыдэгъуэгурыкIуэу, и лъэ­щагъым къигъэхъуапIэ хуэхъуу, ар сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэми щихъумэу», - жи­Iащ КIуэкIуэ К. В.
Республикэм и УнафэщIым къыхигъэщащ: «Анэм и махуэм дэ Iэмал догъуэт цIыхубзым и къалэн нэхъыщхьэхэу щIэб­лэщIэ дунейм къытегъэхьэнымрэ ар пIынымрэ, гъащIэм къыпыщэным пы­щIам къыпхуэмылъытэну мыхьэнэшхуэ зэриIэр иджыри зэ зыхэтщIэну, я лъа­гъуныгъэ къызэрымыкIуэм, къапкърыкI гуапагъэм, я нэIэ къызэрыттетым, я ­бынхэр зыхуей хуэзэн папщIэ я къаруи, я пси емыблэжу зэрылажьэм папщIэ анэ псоми иджыри зэ фIыщIэшхуэ яхуэтщIыну».
КъБР-м и Iэтащхьэм къызэрилъытэмкIэ, гулъытэ, фIыщIэ щхьэхуэ къалэжь бын куэд зиIэ анэхэм: «Мы махуэшхуэм и пэ къихуэу, хабзэ зэрыхъуащи, дэ къэрал дамыгъэр - «Анэм и щIыхь» медалыр - яху­догъэфащэ сабиитху, нэхъыбэ къэ­зылъ­хуахэм, абыхэм гъэсэныгъэ дахэ яхэ­зылъхьа анэхэм. СощIэ фэ сабий 13 телъыджэхэр зиIэ Савенковэ Аннэ Владимир ипхъури къызэрыфхэтыр. Си гугъэмкIэ, ар къулеигъэшхуэщ икIи насы­пышхуэщ. Фи унагъуэхэр дэтхэнэ жьэгу пащхьэми дэлъын хуей фIыгъуэхэм я щапхъэ дахэщ. Анэхэм фIыщIэшхуэ фхузощI махуэ къэс зэфIэвгъэкI лэжьыгъэшхуэм папщIэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм гу лъитащ ­сабий куэд зыщIэс унагъуэхэм дэтхэнэ жьэгу пащхьэми дэлъын хуей лъапIэ­ныгъэхэр хъумэнымкIэ, ахэр гъэбыдэ­ным­кIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэм. Апхуэдэ унагъуэхэм къыпхуэмыIуэтэну щытыкIэ дахэ щыщыIэщ. Сабий куэд зыщIэс ­унагъуэхэрщ щыцIыкIум къыщыщIэ­дзауэ сабийхэм зэкъуэтыныгъэм, зызэ­хэ­щIыкIыным, зэдэIэпыкъуным и мыхьэ-нэр щызыхащIэр, лэжьыгъэр фIыуэ ­ялъагъуу, жэуаплыныгъэ яхэлъу ща­гъасэр.
«Урысей Федерацэм и Президентым гулъытэ нэхъыбэ зыгъуэтыпхъэ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къигъэуващ сабий зыщIэс унагъуэхэр зыхуей хуэгъэ­зэныр. БлэкIа илъэсым зи ужь дихьа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнри аращ зы­хуэунэтIар - ахэр демографиер егъэ­фIэ­кIуэнырщ, узыншагъэр хъумэнырщ, цIыхубэм защIэгъэкъуэнымрэ абыхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэнымрэщ, унагъуэхэр нэхъ быныфIэ, нэхъ зэкъуэт хъунырщ, абыхэм я псэукIэр хэпщIыкIыу къэIэ­ты­нырщ, дэтхэнэ сабийми, дэтхэнэ цIыхуми щIэныгъэфI игъуэтынымрэ и зэчийр къы­зыкъуихынымкIэ Iэмал етынырщ а Iуэхухэр зыхуэгъэпсар, Урысей лъэщым и лъабжьэу щытыр ахэращи.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр жыджэру ­хэ­т­щ а къэралпсо политикэр гъэзэ­щIэным. Абы кърикIуахэри нэрылъагъу хъуа­кIэщ. Ар сабийуэ къалъхум я бжыгъэм къызэрыхэхъуэрщ - дызэрыт илъэ­сым и мазибгъум республикэм къыщалъхуащ сабий 7778-рэ, илъэс кIуам и ап­хуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ ар проценти 5-кIэ нэхъыбэщ. Ар иджырей сабий ­садхэмрэ еджапIэхэмрэ зэраухуэрщ, ­сабий зиIэ унагъуэхэм хэхауэ зэрызыщIагъакъуэрщ - мы гъэм а унэтIыныгъэм щы­зэфIагъэкIри хэпщIыкIыу нэхъыбэ ­хъуащ, егъэджэныгъэ IэнатIэм зэрызиужьырщ, абы сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэ етыныр егъэфIэкIуэнри хэту. Абыи кърикIуэхэр узыгъэгуфIэщ - дэ пщIэ зыхуозыгъэщI щIалэгъуалэ къытщIохъуэ», - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
КIуэкIуэ К. В. къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и къэрал властым и органхэм адэкIи а лэжьыгъэр зэрырагъэфIэкIуэнур, анэхэм, сабий куэд зыщIэс унагъуэ­хэм зэрызыщIагъэкъуэнур, цIыхум и социальнэ мыхьэнэм зэрыхагъэхъуэнур, я псэукIэр къызэраIэтынур, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи зэрызрагъэузэщIынур.
КIуэкIуэ Казбек зэхуэсым и кIэухым республикэм бын куэд зиIэу щыпсэу анэхэм къэблэгъа махуэшхуэмкIэ, дамыгъэ лъапIэр зэрыхуагъэфэщамкIэ ехъуэхъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу анэхэм узыншагъэ быдэ, унагъуэ зэпэщ яIэну, я сабийхэм я ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIыу, абыхэм я лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ щымыщIэу псэуну зэригуа­пэри къыхигъэщащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащ­хьэм и УказкIэ «Анэм и щIыхь» къэрал дамыгъэр хуагъэфэщащ бы­нитху, нэхъыбэ зыпIхэу: Алиякберовэ ­Людмилэ Николай и пхъум (сабии 5), Белгъэр Къанщобий Барэсбий и къуэм (сабии 7), Бозий Земфирэ Мухьэмэд и ­пхъум (сабии 5), Боташевэ Татьянэ Виталий и ­пхъум (сабии 5), Гузеевэ Светланэ Вячеслав и пхъум (сабии 5), Джаппуевэ Эльвирэ Ахьмэд и пхъум (сабии 6), ­Къуарт Иринэ Мухьэдин и пхъум (сабии 5), Къумыкъу Жаннэ Лъостэнбий и пхъум (сабии 5), Мэкъуауэ Марианнэ Мусэ и пхъум (сабии 5), Мэремыкъуэ Раметэ Борис и пхъум (сабии 5), Натовэ Анжаннэ СулътIан и пхъум (сабии 5), Нэгуэ Рометэ МуIэед и пхъум (сабии 8), Уэзрокъуэ ­Людмилэ Руслан и пхъум (сабии 8), Пыхъ Анетэ Хьэбас и пхъум (сабии 5), Рахаевэ Элеонорэ Темот и пхъум (сабии 5), Савенковэ Аннэ Владимир и пхъум (сабий 13), Темыржан Ларисэ Жафар и пхъум (сабии 5), Фадеевэ Наталье Виктор и пхъум (сабии 5), Хьэжу Эльмирэ Хъусин и пхъум (сабии 5).

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.

10.05.2024 - 09:03

ЗИ ПIАЛЪЭР ИКIАХЭР КЪУАЩЭНУКЪЫМ

2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым.

10.05.2024 - 09:03

ТАЙ БОКСЫМ ДИХЬЭХХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид.

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.