Жэуапыншэу топищ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зыщыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» щIышылэм и 29-м етIуанэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр «ДыгъафIэ ­къалэм» и стадионым щригъэкIуэкIащ.
«Армавир»-м драгъэкIуэкIа япэ зэIущIэми хуэдэу, налшыкдэсхэм аргуэру къапэщIэтар топджэгур зи IэщIагъэу щымытхэр зыхэт ещанэ лигэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и «Ардон» ­командэращ. МазитIым щIигъукIэ зы­зыгъэпсэхуа ди щIалэхэм я дежкIэ апхуэдэ хьэрхуэрэгъухэр нэхъ къозэгъ зэныкъуэкъуныгъэ гуащIэхэм зыхуэгъэхьэзырыным ирыхыхьэжыну.
ТхьэмахуитI хъуауэ зызыгъасэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм я джэгукIэр хуэмурэ зэтоувэж. Абы и щыхьэтщ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм къикIахэм щхьэкъэIэтыпIэ зэрырамытар. Япэ да­къикъэхэм щегъэжьауэ ди щIалэхэр хэпщIыкIыу нэхъыфIащ икIи топ зыбжанэ дагъэкIыфыну щытащ. Арщ­хьэкIэ Iуэхур къащехъулIар 35-нэ ­дакъикъэращ. Iэпщацэ Маратщ зейр «Спартак-Налшыкым» 2021 гъэм ­япэу дигъэкIа топыр.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ ди щIалэхэр нэхъ ерыщыжу ебгъэрыкIуэ хъуащ. ДакъикъипщI дэкIауэ арат ­ХъутIэ Анзор бжыгъэр щигъэбэгъуам.
Абдежми къыщызэтеувыIакъым «Спар­так-Налшыкым» и футболистхэр. Топ джэгуным зэрыхуэзэшар я напщIэм телъу ахэр ипэкIэ кIуатэ зэпытт. Ашу Мурад бжыгъэр 3:0-м нигъэса иужькIэщ ахэр мащIэу щытесэбырар.
«Ардон»-р хэзыгъэщIахэм яхэтащ гъуащхьэтет Антиповыр (Къардэным ар ихъуэжащ 46-нэ дакъикъэм), ­гъуащ­хьэхъумэхэу КIэдыкIуейр (УнащIэр, 60), Шумахуэр (Белоусовыр, 60), Тебэрдыр (Молэмусэр, 60), Оль­мезовыр, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Джатэрывэр, Уэрэзейр (Къумыкъур, 46), Iэпщацэр (Сэбаншыр, 65), гъуащ­хьауэхэу Бахъсэнокъуэр (Жангуразовыр, 65), ХъутIэр, Хьэшырыр (Ашур, 65).
Мы зэIущIэм махуитI-щы иIэжу и ­топджэгу гъащIэм къриубыдэу япэ ­зэгурыIуэныгъэр «Спартак-Налшы­кым» дрищIылIащ абы и гъэсэн, зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий ирикъуа ­къудей Къумыкъу Ислъам. Ар гъуащ­хьэхъумэныкъуэщ икIи нэгъабэ ­къа­хыхьа Бахъсэнокъуэ Алихъан, ­ХъутIэ Анзор сымэ, адрейхэми хуэ-дэу псынщIэ дыдэу фIыкIэ зыкъы­зэкъуихыну дыщогугъ. «Ардон»-м дригъэкIуэкIар абы и дежкIэ япэщ.
Зи гугъу тщIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэмкIэ «Спартак-Налшыкым» зэ­хуищIыжащ япэ зыгъэсэгъуэр. Ма- хуэ зытIущкIэ загъэпсэхунурэ ди ­щIалэхэр Нартсанэ (Кисловодск) ­къалэм кIуэнущ. Абы щыпащэнущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм и етIуа­нэ Iыхьэм зыхуэгъэхьэзырыным.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр