Депутатхэм коронавирусым пэщIэтыф мастэр зыхрагъалъхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ коронавирусым ущызыхъумэ мастэр цIыху­хэм яхэлъхьэным. Вакцинэр щыхаIу щIы­пIэхэр яубзыхуащ, а лэ­жьыгъэм къыху­зэрагъэпэща гупхэр лэжьапIэхэм кIуэурэ мастэр абы щыхаIу. Республикэм и хабзэубызыху органми «Гам-Ковид-Вак» урысей вакцинэр иджыблагъэ щыхалъ­хьащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэмрэ Аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ.
Депутат зыбжанэм нэхъ пасэу зыхрагъэIуауэ щытащ мастэр. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим ар япэу зыхалъхьахэм ящыщщ.
- Зи Iуэху еплъыкIэр сфIэкъабыл дохутырхэм сечэнджэщати, коронавирус узы­фэ зэрыцIалэм ущызыхъумэ мастэр зыхе­гъалъх­ьи, тыншу псэу къыщызжаIэм, я чэнджэщым седэIуащ. Абыхэм дзыхь яхуэсщIри, а лъэбакъуэр счащ. Япэу мастэр дыгъэгъазэм и 12-м зыхезгъэлъхьащ, ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и япэ къуэдзэ Къу­ныжь МуIэед сригъусэу. Къыхэзгъэщынщи, тIуми мастэр хъарзынэу тпкъры­зэгъащ. ЕтIуанэу вакцинэр щIы­шылэм и 3-м къысхалъхьащ. Вакцинэм и хэIу­гъуитIри къызэхьэлъэкIакъым. Доху­тырхэм я чэнджэщхэм сытетащ, си щы­тыкIэм зихъуэжауи зы­хэс­щIакъым. ЕтI­уанэу къысхалъхьа нэужь зы тхьэмахуэ дэзгъэкIри, анализхэр стащ. Абыхэм къагъэлъэгъуащ си Iэпкълъэпкъыр а узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэ­щIэты­фынур. Къыхэзгъэщыну сы­хуейщ а вакцинэр ди хэку медицинэм и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр. Коронавирусыр къызэ­мы­уэ­лIэн папщIэ мастэ зэры­зыхезгъэлъхьар тэмэму ­сщIауэ къызолъытэ икIи цIыхухэр къыхузоджэ, ар зрахьэлIэ щIэмыхъун щхьэу­сыгъуэ ямыIэмэ, ди щапхъэм ирикIуэну, - къыхигъэщхьэхукIащ Жанатаев Сэлим.
А махуэм мастэр зыхезыгъэIуну жэрдэм зыщIахэм ящыщт КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шына­гъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил.
- Вакцинэр къызэрыдагъэкIам и хъыбар зэры­зэ­хэс­хыу мурад сщIат ар зы­хез­гъэлъхьэну, ар республикэм къыщысынум сы­пэп­лъэу арат. Вакцинэр псоми зрахьэлIэн хуейуэ къызолъытэ. Абы къегъэлъа­гъуэ уи щхьэми узыхэтхэми уа­зэ­ры­хуэ­сакъыр, жэуаплыныгъэ зэрыпхэлъыр, - къыхигъэщащ депутатым.
А махуэм депутатхэм ­гъусэ яхуэхъуащ КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу щыIэ Зу­макулов Борис.
- СыщогуфIыкI УФ-м и цIыхухэм вакцинэр зэры­халъ­хьэм. Урысей вакцинэм дзыхь хузощI - ар щащIащ къэралым и академическэ медицинэ IуэхущIапIэ лъэ­ры­зехьэхэм. Сэ а хущхъуэм шэч къытесхьакъым. ­КъБР-м и Парламентым цIыхухэм мастэ щыхалъхьэ пункт къызэрыщызэра­гъэ­пэщар къэзгъэсэбэпри, мы­бы чэзум зыщыхезгъэтхащ икIи ар зыхезгъэIуну сыкъэкIуащ. Ар псоми зыхрагъэлъхьэн хуейуэ къызолъытэ, дэ шынэм зедгъэу­быд хъунукъым, адэкIэ дып­сэун, дызэса зэхэтыкIэм ды­техьэжын хуейщ, - и Iуэху еплъыкIэмкIэ журналистхэм ядэгуэшащ Зумакуловыр.
«Спутник-V» препаратыр зыхезыгъэIуну хуейхэр нэхъ пасэу ятхат икIи ахэр мащIэ хъуртэкъым.
Къалэ поликлиникэ №3-м и дохутыр терапевт Щоджэн Iэминэ цIыхухэм вакцинэм зэпкърыхауэ яхутеп­сэлъыхьащ, хущхъуэр уз гъэ­тIылъа зиIэхэм щIемызэгъынур ягуригъэIуащ, мас­тэр халъхьа нэужь зытетыпхъэ мардэхэми къытеувы­Iащ.
Мастэр халъхьэн ипэкIэ псоми дохутыр еплъащ. Абыхэм я давленэр, сатурацэр ­зыхуэдизыр къапщытащ, уз гъэтIылъа зиIэ яхэтмэ щIэупщIащ. Вакцинэм и етIуанэ хэIугъуэр махуэ 21-рэ дэкIмэ ирагъэкIуэ­кIынущ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр