|
Статьи на кабардинском языке
9 февраля, 2022 - 06:30
Пекин щекIуэкI ХХIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и саугъэтхэм папщIэ зэхьэзэхуэ гуащIэхэр йокIуэкI. Урысей Федерацэм и спортсменхэр зэпеуэхэр къызэрызэIуахрэ пашэхэм яхэтщ.
9 февраля, 2022 - 06:30
Тхыдэ гъуэгуанэхэм илъэс куэдкIэ ирикIуэу, Кавказымрэ абы щыпсэу лъэпкъхэмрэ я къекIуэкIыкIам икъукIэ убгъуауэ тепсэлъыхьахэм ящыщщ зек1уэл1 Челеби Эвлия. Абы илъэс 40-кIэ къызэхикIухьащ Уэсмэн къэралыгъуэмрэ абы къыпэщылъ щIыналъэхэмрэ. Куэдрэ здэщыIа щIыналъэхэм ящыщщ Адыгэ Хэкур.
9 февраля, 2022 - 06:30
Зэгуэрым дыгъэмрэ жьыбгъэмрэ хэт нэхъ лъэщми зэхагъэкIыну и ужь ихьахэщ. Жьыбгъэм жеIэ: «Сэ уэ нэхъ сынэхъ лъэщщ. Ар иджыпсту хьэкъ пщысщIынущ уэри. Плъагъурэ, модэ мо кIагуэ хуабэ зыщыгъ лIыжьыр? Къаплъэ тIэ сэ абы и щIыIутелъыр щIэхыу къыщысхынщ», - жи. Дыгъэм пшэм зыкъуигъэпщкIуащ. Жьыбгъэр къопщэ, нэхъри хуабжь зещI, зегъэткIий, мэгубжь.
8 февраля, 2022 - 05:55
ЩIышылэм и 30-м дунейм ехыжащ Сирием къыщыхъуа икIи щыпсэуа дин узэщIакIуэ, егъэджакIуэ Цей Джэудэт.
8 февраля, 2022 - 05:54
Зи IуэхущIафэ дахэхэмкIэ дуней псом зи цIэ щызыгъэIуа IэщIагъэлIхэр ди мащIэкъым лъэпкъым. Пасэ зэманым уIэбэжмэ, дыщэкI, гъукIэ, дэрбзэр IэщIагъэхэр зи Iэпэгъуу щытахэрщ япэ дыдэу утыкушхуэ дизышауэ къэлъытапхъэр. Лъэпкъ тхыдэм уриплъэжмэ, абыхэм ящыщ дэтхэнэм и къежьапIэри къикIуа гъуэгуанэри зэхэхауэ къыщыгъэлъэгъуэжащ.
7 февраля, 2022 - 06:30
Китайм и къалащхьэ Пекин дыгъуасэ Iэтауэ къыщызэIуахащ ХХIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэр. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ спорт зэхьэзэхуэ иным кърихьэлIащ ЩIы Хъурейм и щIыпIэ куэдым къикIахэр. Пасэрей алыджхэм кърагъэжьа Олимпиадэхэр щекIуэкI лъэхъэнэм къриубыдэу ижь-ижьыж лъандэрэ зауэ псори къызэтрагъэувыIэрти, лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэр спорт зэхьэзэхуэхэр щекIуэкI утыкухэм Iэпхъуэрт.
7 февраля, 2022 - 06:30
УФ-мрэ КъБР-мрэ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъыта, «Урысейм щIыхь зиIэ и ансамбль», республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо фестивалхэмрэ зэпеуэхэмрэ я лауреат, «Кавказ Ищхъэрэм и вагъуэщIэ» щIыхьыцIэр къызыхуагъэфэща, «Урысей Артиадэм» и лауреат, ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я XIX дунейпсо фестивалу 2017 гъэм Сочэ къалэм щекIуэкIам хэта, КъБР-м и Правительствэм и щIыхь тхылъыр мызэ-мытIэу зыхуа
7 февраля, 2022 - 06:30
Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къыщымынэу, абы насып къызэрыдэкIуэри, гупсэхугъуэрэ берычэтрэ къызэрыпэкIуэри щынэрылъагъущ Тыркум къыщалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къейтыкъуэ Мухьэрэм и гъащIэм. Хэхэсыныр зи натIэ хъуа адыгэ мелуанхэм ящыщт Мухьэрэм.
6 февраля, 2022 - 07:30
Топкапы уардэунэр Истамбыл и зыплъыхьыпIэ нэхъ ехьэжьахэм ящыщщ. Илъэс 400-м нэблагъэкIэ Уэсмэн къэралыгъуэм и пащтыхьхэр щыпсэуар аращ. Иджы цIыхухэм я зыплъыхьыпIэщи, Европэ музейхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ зэкIуалIэхэм хабжэ. Абы и пщIантIэм километри 5 и кIыхьагъщ, метр зэбгъузэнатIэ мин 700 еубыд.
Страницы
|