АНЭБЗЭ ЩIЫХУЭР

Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа усакIуэ щэджащэхэу ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, КIыщокъуэ Алим, Бемырзэ Мухьэдин, Нэхущ Мухьэмэд… - лъэпкъым вагъуэ мыужьыхыжу диIэ тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэгъуэщIыбзэкIэ зэдзэкIауэ деджэкIэ, адыгэбзэм хуэдэу ди псэм нэсынукъым. Ар хьэкъщ. Ар апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зыщ: хамэбзэр здынэсыр ди акъылращ, анэбзэр здынэсыр дигуращ.
Дэ лъэпкъыбэ хэгъуэгум дыщопсэу. Лъэпкъхэр бзэ зэ­щымыщкIэ мэпсалъэ. Ахэр зэзышалIэр урысыбзэращ. Абы къыхэкIыу, еджапIэм деж уры­сыбзэмрэ адыгэбзэмрэ зэпы­щIауэ идогъэдж. Адыгэ литературэмрэ урыс литературэмрэ зыдопх, зэпыдощIэ, тхакIуэхэм я тхыгъэхэр зыдолъыт. БзитIымкIи идогъэкIуэкI дерсхэр, ауэ бзэ зэхэпхъакIэ сабийр бгъэпсэлъэну Iэмал иIэкъым.
Бзэм и къабзагъым укIэ­лъыплъын, ар сабийхэм ядэ­пIыгъын хуейщ. Сыту жыпIэмэ, бзэ зэхэпхъам сабийхэр бзэ­мыIуу къигъэнэнущ. АдыгэбзэкIэ упсалъэрэ - къабзэу псалъэ, урысыбзэ къыхыумыгъахуэ. УрысыбзэкIэ упсалъэми - ап­хуэдэ къабзэщ. Ар сыт щыгъуи дгъэзэщIэн хуей къалэну солъытэ.
Егъэджэныгъэм пыщIа дерс­хэм и мызакъуэу, лъэпкъым Iурылъ бзэ дахэм, щIэблэр зэ­рагъасэ бзэ гуакIуэм, тхыдэ хъыбархэр къызэраIуэтэж бзэ хэплъыхьам хуэныкъуэщ ди сабийхэр. Ахэр егъэсэн хуейщ лъэпкъ уэрэдыжьхэр щашэщI­кIэ, гум хыхьэ псалъэхэр къы­щIагъалъэрэ я гущIэм лъэIэсу, лъэпкъ хъуэхъу щIэращIэхэр къыщапсэлъкIэ, жьабзэ дахэр жьгъырууэ зыхащIэу, лIыхъужь уэрэдхэр щаукъуэдийкIэ, ныбжьрей ежьукIэ пэджэжрэ адыгэбзэр джэрпэджэжу зэIэпахыу, зэрылъэпкъыу щIэдэIуу, зэрылъахэу зэлъащIысу. 
Лъэпкъым и купщIэщ адыгэбзэр. Ар ди адэжьхэм лIэщIы­гъуэхэм къыпхрахащ, яхъумэфащ. Адыгэбзэ дерсхэм деж цIыкIухэм яжыдоIэ ди нэхъыжьхэм бзэр зэрахъумар, зэрамыгъэкIуэдар, зауэ мафIэ лыгъейм къызэрыпхрахыфар. ИкIи ягурыдогъаIуэ бзэм и зехьакIуэу адэхэм я ужь езыхэр зэриувэнур. Бзэм и къуэпсхэр къызыхэкIыр цIыхубэращ, бзэр къэзыгъэщIыр лъэпкъращ. Абы къыхэкIыуи бзэм и зехьа­кIуэу дэтхэнэ цIыхури лъэпкъым хэтын хуейщ. Бзэм зиужьын, ­хъума хъун, ефIэкIуэн папщIэ зэрыадыгэ лъэпкъыу я зэ­фIэкIи, я къаруи, я мылъкуи щымысхьу зызэщIагъэкъуэн хуейщ.­ Апхуэдэ гупсысэхэм еджакIуэ цIыкIухэр щIыдогъэдэIу, гукъинэж зэрахуэхъу­ным дыхущIокъу.
Ди лэжьыгъэр къапщтэмэ, дерс къэскIэ цIыкIухэм гукIи псэ­кIи захыдогъащIэ - «Адыгэу зыплъытэжмэ, пIурырелъ адыгэбзэр. ЕгъэфIакIуэ, зегъэужь анэбзэм!». Адыгэбзэр лъэпкъым и псэщ, и бзэщ. Абы уещI хэкупсэ, укъегъэхъу лъэп­къыпсэу. 
Ди къуажэр - Хьэгъунды­къуейр (Али-Бэрдыкъуэ) черкес усыгъэм и гущапIэу ялъытэ. Мы къуажэм къыдэкIащ адыгэ тхакIуэ, усакIуэ тIощIым нэблагъэ. Ахэр къуажэм я напщIэ­телъщ, я гушхуапIэщ. Ар щапхъэгъэлъагъуэу зэрыримыкъу щы­Iэкъым, абыхэм я лъэужь уиувэныр пщIэшхуэ зыпылъ Iуэ­хугъуэщ. Абы къыхэкIкIэ, ди еджапIэм «Псынэ» кружокыр щолажьэ.
Абдеж сабийхэм я япэ усэхэр щагъэIу, я гурыщIэхэр, я ­гу­щIагъщIэлъ хъуэпсапIэхэр усэ­бз­экIэ къатIэщIу зрагъасэ, адыгэбзэм къыхэщыпыкIа псалъэ дахэхэр зэрагъэкIу, зэпащIэ.
Аращ усакIуэ хъунур къы­зэрежьэр. ИкIи, усыгъэм и лъагъуэ нэхум теува дэтхэнэ сабийри догъэгушхуэ. Къинэ­мы­щIауэ, ди сабийхэм адыгэбзэкIэ зэпеуэ куэдым зыкъыщагъэлъагъуэ, сочиненэ гъэщIэгъуэнхэр я Iэдакъэ къыщIокI, я гум илъыр къатIэщIыфу идо­гъасэ. 
Дерсыр классым ущIэсу ебгъэкIуэкIыныр Iуэху щхьэхуэщ. Ауэ сабийр бгыщхьэм дэпшрэ, хэт бгыпэм тесу, хэт мывэшхуэм кIэрысу, хэти бгы гъуанэжьым къиплъу я къуажэм тепсэлъыхьу сочиненэ щатхкIэ, ар нэгъуэщI Iуэхущ, нэгъуэщI бгъэдыхьэ­кIэщ. Сабийм и гурыщIэм щIэлъыр къыщитIэщIыр абдежщ, и адыгэбзэри нэхъ дахэу, нэхъ шэрыуэу къыздигъэIурыщIэри а дакъикъэхэращ.
Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэр фIы дыдэу къагурыдогъаIуэ дэтхэнэ сабийми, аращ адыгэбзэм пщIэ хэха щIыхуащIыр, увыпIэ лъагэ щIратыр. Аращ а гупсысэ узыншэхэр еджакIуэхэм я хьэл-щэнми, я зэхэщIыкIми хэтпщэну дыщIыпылъыр. 
Дерсхэр методикэ, гъэсэныгъэ я лъэныкъуэкIи зэщIэIулIауэ ядот, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ доузэд, лъэкIыныгъэу дгъуэтыр идохьэлIэ. Шэрыуэу псэлъэфу, жьабзэ дахэ яIурылъу, я гупсысэр адыгэбзэкIэ къаIуэтэфу идогъасэ. ЯфIэгъэщIэгъуэну кружок зэхуэмыдэхэм езы цIыкIухэри къокIуэ, тхыдэм епха лэжьыгъэхэр ягъэзащIэ, IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным и ужь итщ.
«Дыщэр хыфIэдзи уи бзэр къэщтэж», - жиIащ пасэрейм. Лъэпкъыр зыIэтыр и бзэщ. Бзэр лъэпкъ дамыгъэщ, щIэблэм и дамэщ. Ар анэшэм щIыгъуу къыппкърохьэри, уи бзэр кIэрэхъуэху уи гъусэщ, уи гужьыдэгъэкIщ, уи гупсысэр сэтей къэ­зыщIщ, гъащIэ Iэпэгъуу уи ­гъуэгугъэлъагъуэщ. Бзэр пIу­ры­хуамэ, уи дунейр бгъун­лъауэ, уеблэмэ быухауэ аращ. Абы къыхэкIыу, адыгэбзэкIэ езы­гъаджэ дэтхэнэ егъэджа­кIуэми ди лэжьыгъэр, а Iуэху еплъыкIэр доухуэ. 
Адыгэбзэр джыныр егъэ­фIэкIуэным мыхьэнэ пыухы­кIа ириту мэлажьэ Хьэбэз райо­ным и методкабинетри, абы и унафэщI Къуныжь Раи. Илъэс къэс еджапIэхэм деж щрагъэкIуэкI район семинархэр, «Iэнэ хъурейхэр», дерс зэIуха­хэр, щIэныгъэ-практикэ конференцхэр, классщIыб лэжьыгъэхэр, мастер-классхэр. Абы­хэм псоми ди сабийхэр жы­джэру хэтщ. Сабийхэр гушхуэу утыку ихьэфу, зыкъагъэлъэ­гъуэфу, зыхуейр жаIэфу, утыкум щэныфIэу зыщаIыгъыфу идогъасэ. Ар куэд и уасэщ.
Адэбзэр IэфIщ, анэбзэр гуа­кIуэщ. Абы и IэфIагъыр сабийхэм захедгъэщIэн папщIэ, адыгэбзэ къабзэкIэ дерсхэр зэредгъэкIуэкIыным дыху­щIокъу. НэгъуэщIуи хъунукъым. Ди бзэм и дахагъым еджакIуэхэм гу лъедгъэтэн мурадкIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыдогъэсэбэп. Апхуэ­дэу, анэдэлъ­хубзэр нэгъуэщI лъэпкъыбзэхэм идопх, щIыдогъэдэIу жьабзэ дахэм, пшынэбзэм ещхь усэбзэкIэ догъэбзэрабзэ. Проект лэжьыгъэ зэ­хуэмыдэхэр адыгэбзэкIэ ядогъэгъэзащIэ. Бзэр кIуэ пэтми нэхъ едгъэфIэкIуэн мурадкIэ, къэху­тэныгъэ лэжьыгъэхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъ тхыдэм ирыдогъаплъэ, щыгъуазэ дощI, тестхэр къадогъэщI, зэпеуэ зэхуэмыдэхэм хыдошэ.
Мы дунейм фIыгъэу тетыр уи быным хэплъхьами, анэбзэр IэщIэхуамэ, ахэр зыри иIысыжкъым. Сыту жыпIэмэ, нобэ хэти дунейм дызэрытетыр зи фIыгъэр ди лъэпкъращ. Ар дэтхэнэми тхуэгъэзауэ ттелъ Хэку щIыхуэщ. Ауэ ар быпшынын папщIэ узыхуейр мылъкушхуэкъым, зэфIэкIышхуэкъым - атIэ уи быным анэбзэр Iурыплъхьэн закъуэращ.  

 

КЪУЩХЬЭ Мадинэ, илъэс 19 хъуауэ Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм дэт езанэ курыт еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ