ЩIы хъурейр къызэригъэщIрэ абы лъэпкъ куэд щопсэу. Дэтхэнэми ехъулIэныгъэ иIэу зиужьын, и щэнхабзэм зыкъиIэтын, къыщIэхъуэ щIэблэм гъащIэ хъуэпсэгъуэ яхуиухуэн папщIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ я тхыбзэр къызэгъэпэщыным. Адыгэ лъэпкъми нобэ бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэр ди анэдэлъхубзэращ.
«Ди бзэр ди псэщ» - жыдоIэ дэ, дунейм дыкъытезыгъэхьа анэм къытIурилъхьа а фIыгъуэм дыщытепсэлъыхькIэ. Бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъу тхыбзэри аращ. Анэдэлъхубзэр зей лъэп-къым къыдекIуэкIыу, къыщIэхъуэ щIэблэм Iурылъу къэтэджыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Аращ ар лъэпкъыр зыIэт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэцIыху дамэу, хэкупсэ зыIут цIыхухэр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ, я напщIэм телъ лъапIэныгъэу ар къыщIалъытар.
Тыншу пхужыIэнукъым адыгэ лъэпкъым и тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 170-м нэсащ тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным пэрытащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис къалэм дунейм къыщытехьауэ щытащ абы и къалэмыпэм къыпыкIа «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр. А махуэр къалъытэ адыгэ тхыбзэм и щIэдзапIэу. Ар и тегъэщIапIэу, ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм - Дунейпсо Адыгэ Хасэм - 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.