|
Статьи на кабардинском языке
23 мая, 2022 - 05:48
Куэдым къалъытэ Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухауэ. Ауэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхьым къриубыдэу къеныкъуэкъуа, уеблэмэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху Урысей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуэша гуп щхьэхуэхэр.
23 мая, 2022 - 05:48
Адыгэхэм хамэ хэгъуэгур анэнэпIэсым хуагъадэ. Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм зи хэкур зрагъэбгына ди лъэпкъэгъухэм Уэсмэн къэралыгъуэр къызэрыпежьам псори фIыуэ дыщыгъуазэщ. Мыбдеж я нэгу щыщIэкIамрэ яшэчамрэ иримыкъуа нэхъей, адыгэхэм псэхугъуэ щагъуэтакъым КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Ди лъэпкъым къыхуэгущIэгъунша гъащIэр абдежми къащыщысхьакъым.
22 мая, 2022 - 06:35
Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур къуажэхэм я Iимамхэм иджыблагъэ яIущIащ.
22 мая, 2022 - 06:35
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
22 мая, 2022 - 06:35
Зызыхъуэж зэпыту екIуэкI гъащIэм псэемыблэжу хэлэжьыхь, жэщ-махуэ имыIэу цIыхупсэм и хъумакIуэу щыт, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм я лъахэм курых хуэхъу лэжьакIуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр къыдэкIуэтей щIэблэр узыншэу, акъыл жан яIэу, гъэсауэ, пкъыфIэу дунейм тетынырщ. Мы гупсысэр зи Iуэху зехьэкIэкIэ къэзыгъэнахуэ цIыхубзщ Маршэн-Куржы Агнессэ.
21 мая, 2022 - 12:30
Налшык къалэм щыIэ «Кизиловка» турбазэм щекIуэкIащ сабийхэм я республикэ зэхьэзэхуэ, «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» проектым хыхьэу Урысей МЧС-м зэхишауэ.
21 мая, 2022 - 07:30
е 1864 гъэм накъыгъэм и 21-р
…1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убыххэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.
21 мая, 2022 - 06:35
Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI гъэсапIэхэм я IэщIагъэлIхэм я зэпеуэ. «Урысейм и гъэсакIуэ нэхъыфI-2022» мыгъэрей зэхьэзэхуэм и щIыпIэ Iыхьэхэр зэфIэкIащ. Мы махуэхэм Налшык щызэхашащ ди республикэм и районхэм, къалэхэм щыIэ сабий гъэсапIэхэм щекIуэкIа апхуэдэ зэпеуэхэм пашэ щыхъуахэр зыхэт зэпеуэ. ЩIыналъэпсо зэхыхьэм кърагъэблэгъащ гъэсакIуэ пажэ 13.
21 мая, 2022 - 06:35
Газетым и мыхьэнэр къызэрагъэлъагъуэ пщалъэхэм язщ ар зыIэрыхьэ цIыху бжыгъэр. Ауэ хэт и пщIыхьэпIэ къыхэхуэнт зы цIыху закъуэм щхьэкIэ газет ягъэхьэзырынкIи хъуну?!
21 мая, 2022 - 06:35
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ Парламентым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Май щIыналъэр щапхъэу къигъэлъагъуэри, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум теухуауэ къэпсэлъащ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Саенкэ Татьянэ.
Страницы
|