Статьи на кабардинском языке

НЫП ГЪЭФIЭЖ ПШЫХЬ

2010 гъэм, Адыгэ ныпыр зэрыщыIэрэ илъэси 180-рэ щри­къум ирихьэлIэу,  дауэдапщэ иращIэкIауэ щытащ. Абы щегъэ­жьауэ, илъэс къэс, мэлыжьыхьым и 25-м ныпым и махуэр лъэпкъым егъэлъапIэ.

КЪУЭКIЫПIЭ ЖЫЖЬЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Владивосток къалэм дэт КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ университетым мэ­лы­жьыхьым и 25 - 27-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэ­кIэм­кIэ и зэхьэзэхуэ. Ма­хуищкIэ зэхэта зэIущIэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зэщ­хьэщыхауэ щыта гупип­щIым саугъэт нэхъыщ­хьэ­хэм щыщIэбэнащ къэ­ра­лым и щIыналъэ 47-м ­къикIа зи ныбжьыр илъэс 24-м нэс спортсмен щIалэщIэ 350-м нэблагъэ.

ШЭРДЖЭСХЭР НАЛШЫК ЩОХЬЭЩIЭ

Мы махуэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм къригъэблагъэри Къэбэрдей-Балъкъэ­рым зыщаплъыхьащ КъШР-м щыIэ Али-Бердыкъуэ къуа­жэм и курыт школым и 8-11-нэ классхэм щеджэ ныбжьы­щIэхэм.
 

ЩIЫУЭПСЫМ Я НЭIЭ ТРАГЪЭТ

КъБР-м и Парламентым щы­зэхэт Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс мэ­лыжьыхьым и 28-м зи чэзу зэ­IущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыуэпсыр къы­зэрагъэсэбэпым теухуауэ щыIэ хабзэхэр зыхуэдэмрэ Жылагъуэ советыр 2022 гъэм зэлэжьыну и мурадхэмрэ.

ЛЪЭПКЪ ПРОЕКТХЭР ЗЭРАГЪЭЗАЩIЭР

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «щIыналъэ сыхьэт». Абы хэтащ Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ­Хъубий Марат, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащ­хьэ­хэр.

Гъуэгухэр нэхъри ирагъэфIакIуэ

«Хэгъэгухэр зэпызыщIэ, щIыналъэ, щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ автомо­биль зекIуапIэхэм зегъэужьын» федеральнэ проектым хыхьэу, ди республикэм иджыри сом мелуан 300-м нэблагъэ къыхуаутIыпщынущ. 

ЗэчиифIэхэм я вагъуэбэ

Анэдэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэ­кIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэ­джынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэ­лIэ­нымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджы­ным хуэшэнымкIэ лэ­жьыгъэшхуэ щокIуэкI ди республикэм. Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум хуэгъэпса зэхуэс дахэ иджы­благъэ щекIуэкIащ Налшык.

Жылэ закъуэм къикIыкIа жыг абрагъуэ

Къафэм и бзэ щэхумкIэ дуней псом епсэлъахэм ящыщщ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пэрыту илъэс куэдкIэ ­къекIуэкIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Битокъу Оксанэ.

КОМАНДЭ НЭХЪЫЩХЬЭМ ИРАГЪЭБЛАГЪЭ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ масс-рестлингымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я Урысейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 32-м икIа спортсмен 200-м шIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу чемпионатым зыкъыщызыгъэлъэгъуа спортсмениблым иужьрей илъэсиплIым ди республикэм ямыIа ехъулIэныгъэ къахьащ.

УРЫСЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭМ ХЭТЫНУХЭР

Налшык дэт «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм ребги 7-мрэ (зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэм) регбимкIэ (зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэм) зэхьэзэхуэхэр. Я ныбжь елъытауэ зэщхьэщыха дэтхэнэ гупми хэтащ Кърымым, Дагъыстэным, Ростов областым, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я командэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке