Газетым и мыхьэнэр къызэрагъэлъагъуэ пщалъэхэм язщ ар зыIэрыхьэ цIыху бжыгъэр. Ауэ хэт и пщIыхьэпIэ къыхэхуэнт зы цIыху закъуэм щхьэкIэ газет ягъэхьэзырынкIи хъуну?!
Салазар Антониу дунейпсо тхыдэм ткIиягъкIэ къыхэна тепщэхэм язщ. «Диктатор» - узыIурыIэбэ мыхъуну унафэщI еру. Дауэ иджыри а псалъэм и мыхьэнэр къызэрыбгъэлъэгъуэнур? «Езым фIимыгъэжар хьэрэмщ», - жаIэ адыгэхэм. Апхуэдэ тепщэ зыбжанэ щыIащ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, ауэ Салазар нэхърэ нэхъ зэкIуэцIылъ абыхэм яхэмытауэ хуагъэфащэ. Абы игъэхъа псом зэкIэ и Iуэху зетхуэркъым. НобэкIэ зи жэуап къэтлъыхъуэр зы упщIэщ. Салазар игу ирихьын фIэкIа ирамытхэу, зы газет закъуэ абы щхьэкIэ къыдагъэкIыу щытар пэж?
Салазар Антониу къызэрежьар экономистущ. Езыр къызыхэкIар католик унагъуэти, дин лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэр къиухыу, щихънагъ хъуным щIэхъуэпсрэ пэт, зэрымыщIэкIэ къыщыхутащ хабзэр щадж факультетым. Ар къиухри, а еджапIэ дыдэм экономикэмкIэ егъэджакIуэу къагъэнэжауэ щытащ. Зэман докIри, Салазар Португалием и президентыщIэм ирегъэблагъэ мылъку IуэхухэмкIэ министру лэжьэну. ИлъэсиплI фIэкIа дэмыкIыу, егъэджакIуэр премьер-министр хъуащ икIи илъэс 36-кIэ Португалиер и IэмыщIэм илъащ.
1968 гъэм хьэмэмым къыщытехуа нэужь, Салазар и щхьэм лъы дэуеят. Премьерыр занщIэу операцэ ящIри, лIэныгъэм кърагъэлащ, укъимыщIэу махуэ зыбжани дэкIащ. Хуэмурэ нэхъыфI хъужа щхьэкIэ, и къалэныр хуехьэкIынутэкъыми, Португалием и президент Томаш Америку Салазар и пIэм нэгъуэщI цIыху иримыгъэувэу хъуакъым.
Дохутырхэм тегъэчыныхьауэ псоми къыгурагъэIуат Салазар и IэнатIэм зэрытрагъэкIар жепIэ зэрымыхъунур, а хъыбарым илIыкIынкIэ зэрышынагъуэр. Арати, цIыхугъэ зэрахэлъым и щыхьэт хъуа хэкIыпIэ гъэщIэгъуэн къагупсысащ Салазар и лэжьэгъухэм, я премьерыр нэхъыбэрэ ягъэпсэун щхьэкIэ. Махуэ къэмынэу, министр гупыр зи Iэпкълъэпкъым и щIэлъэныкъуэр иубыда я унафэщIу щытам деж къакIуэурэ, щхьэж и къалэныр зэригъэзащIэм къыхутепсэлъыхьырт, унафэщIэ зыхурагъэщIырт, лэжьыгъэр зэпымыуххам хуэдэу. Абы ищIыIужкIэ, Салазар нэхъыфI дыдэу илъагъу, махуэ къэс къыдэкI «ХъыбарыщIэхэр» («Diário de Notícias») газетым имытыпхъэ имыту, сымаджэм и гуапэ мыхъун зыри къыхамыгъахуэу, хутрадзэрт. Зы газет закъуэ! Уеблэмэ франджы газетым и журналистыр къагъакIуэри, инервью ирырагъэтауэ щытащ. Салазар США-р фIыуэ илъагъуртэкъыми, американхэр мазэм зэрылъэтар газетым традзакъым. ЦIыхухэм зыкъызэраIэтари кърагъэщIакъым. Правительствэм хэтхэр зэрахъуэжари щабзыщIащ. А псом и фIыгъэкIэ, инсульт нэужьым иджыри илъэситIкIэ псэужауэ щытащ Салазар.
ЦIыхугъэм сыт хуэдэ зэмани и чэзущ.