ДЖОЛАН - ТХЫДЭМ И ДЕРС

Адыгэхэм хамэ хэгъуэгур анэнэпIэсым хуагъадэ. Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм зи хэкур зрагъэбгына ди лъэпкъэгъухэм Уэсмэн къэралыгъуэр къызэрыпежьам псори фIыуэ дыщыгъуазэщ. Мыбдеж я нэгу щыщIэкIамрэ яшэчамрэ иримыкъуа нэхъей, адыгэхэм псэхугъуэ щагъуэтакъым КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Ди лъэпкъым къыхуэгущIэгъунша гъащIэр абдежми къащыщысхьакъым. Дауэ мыхъуа­ми, хэкум гъазэрэ еплъэкIрэ щыIэтэкъым, зыгуэрурэ псэун, гъащIэм пыщэн хуейт. 

Адыгэхэр хэкум щиIэпхъукIам гъэрыпIэ ­ихуат. Жьэ зимыIэ лъэпкъым и Iэмалыншагъэр къагъэсэбэпурэ, ахэр «унагъуэу щагъэтIы­сыжырт» Уэсмэн къэралыгъуэм и гъунэхэм. ЗэрытщIэщи, апхуэдэ щIыпIэхэм сытым дежи нэщIэбжьэ куэд къыщохъу, хабзэншагъэр къыщокIуэкI. Абыхэм я гупсысэ нэхъыщхьэу щытар - адыгэ зауэлI Iэзэхэр, хахуэхэр шэпэIудзу къагъэсэбэпынурат. А зэманым Тыркум бий куэд иIэт, псом хуэмыдэу хьэрыпхэр. Абыхэм зыщахъумэн папщIэ, я зэхуакум зыгуэр дагъэувэну я мурадт. А «зыгуэрри» адыгэхэрат. Хьэзабыр зи натIэ хъуа ди лъэпкъэгъухэр апхуэдизкIэ тхьэмыщкIэти, сыт хуэдэ щIы Iыхьэми щыгуфIыкIырт. Зэи цIыху зытемылэжьыхьа, ябгынэжа щIы Iыхьэхэм трагъэтIысхьэрт адыгэр. Псоми ящIэрт, сытым дежи ди лъэпкъыр щIым телэжьыхьу, а Iуэхум хэзагъэу зэрыщытар, яхузэфIэкIынуми фIыуэ щыгъуазэт. Лей зэрахьэм къищынэмыщIыжа, абы фейдэ къыхахыжырт «хэгъэрейхэм» - а щIы Iыхьэ «пшэрхэр» адыгэм къызэрыратам щхьэкIэ тын къыIахырт. 
Хьэжрэтхэр Сирием (а зэманым Уэсмэн къэралыгъуэм хэтащ) Iэпхъуэн щыщIадзар ХIХ лIэ­щIыгъуэм и 70 гъэхэм хуозэ. Зи псэупIэр зы­хъуэжыну мурад зыщIа мухьэжырхэм я нэхъыбапIэм Джолан лъагапIэхэмкIэ яунэтIащ. 
Апхуэдэу, адыгэхэм псэупIэ яхуэхъуащ къэралыгъуитIым зэпаубыдауэ, щIызэрыукI зэпы­лъыпIэр - Джолан. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, 1880 гъэм ирихьэлIэу а щIыпIэм адыгэ мини 3 щыпсэу жыли 7 щыIащ. Мис иджы зыкъэдужьынщ, дыпсэунщ щыжаIэм (лIэщIыгъуэ блэкIам и 60 гъэхэм ирихьэлIэу) Джолан щхьэкIэ зэпэщIэуващ Сириемрэ Израилымрэ. 
А зэпэщIэувэныгъэхэм ирихьэлIэу, 1967 гъэм, Джолан лъагапIэхэм (а зэманым Сирием ейм) адыгэ къуажэу 12 тест: Къунейтрэ, Мударей, Муйсие, Мансура, Айн-Зиуан, Бираджем, Сальмонийе, Джусейза, Хушние, Берейка, Фахам, Фэрдж. Абыхэм щыпсэут цIыху мин 18-м нэс. 
Хушние жылэр адыгэхэм Джолан лъагапIэхэм япэ дыдэу къыщызэрагъэпэща жылэращ. Зэгуэр цIыху мин зыдэсу, къуажэ ефIакIуэу щытам махуих зауэм иужькIэ къыхэнэжар мэжджыт зэхэкъутарат. Абы пэмыжыжьэу еджапIэ щытат, мы щIыпIэм щыпсэуат жыг-хадэ зыщIэхэр. 
АдэкIэ къыщылът Мансурэ здэщыта щIыпIэр. Жыг зэхэкIэжахэм уахэплъапэмэ, ноби уолъагъу кхъащхьэхэмрэ сынхэмрэ. Кфар-Камэрэ Рихьаниерэ дэс адыгэхэр къакIуэурэ, мы кхъащхьэхэр ягъэкъабзэ, якIэлъоплъ иджыри къэс. Дауи, ахэр зэрыхуейм хуэдэу, тэмэму кIэлъыплъы­фыркъым икIи апхуэдэу кIэщI-кIэщIурэ къэ­кIуэфыркъым, ауэ хьэдэ здыщIэлъ, щыгъуэ щIыпIэр дэтхэнэ адыгэм дежкIи лъапIэщ. Абы къыхэкIыу, мыпхуэдэ щIыпIэхэм гулъытэ зэры­хуа­щIыным иужь итщ. Мансурэр икъукIэ щIыпIэ телъыджэщ, хэкужьым ираха жыгхэр щыхасауэ… Илъэс куэд ипэкIэ ахэр Адыгейм ирахри, щыхасауэ щытащ, хэкум и фэеплъу. Ар мансурдэсхэм я хъуэпсапIэу щытат куэдрэ.
Джусейзэ. Иныкъуэ щIыпIэхэм блын къутахуэхэр щикъухьащ. Омар Фахри щалъхуа щIыпIэрщ мыр. Лъэужь лIакъуэм щыщ щIалэ цIыкIур 1920 гъэм къалъхуащ, Сирием и полицэм и унафэщIу щытащ, къулыкъушхуэхэр зрихьащ, мухьэжырхэмрэ хэкужьым щыIэ адыгэ­хэмрэ зэрыщIэн папщIэ куэд илэжьащ. 
Муйсие къуажэм къыщалъхуащ Сирием и парламентым и депутат, къэралым щыпсэу адыгэ­хэм я лIыкIуэу Дунейпсо Адыгэ Хасэр къы­щызэрагъэпэщым къэкIуа Абазэ Шараф. Къи­щынэмыщIауэ, мы жылэм къыхэкIащ гу узхэмкIэ дохутыр Iэзэ Ахъмэд Бакир. Сирием щыяпэ дыдэу цIыхум и гур IэкIэ къагъэщIамкIэ зэри­хъуэкIауэ щытащ абы. ЛъэкI лъэпкъ къимы­гъанэу, хуэмыщIахэм дэIэпыкъуу щытащ, и лъэпкъэгъухэм гууз-лыуз яхуиIэти. 
Бэтокъуэ Нияз Мухьэдин Къунейтрэ хьэблэм щыщщ. ДызэрыщыгъуазэмкIэ, абы илъэс куэд тригъэкIуэдащ адыгэбзэр зригъэщIэным, Сорбонэр къиухащ. Абы и къуажэгъу - Тамыкъу ­Салахаддин Юныс - хеящIэу лэжьащ, США-м и къалэ Паттерсон щыпсэуащ. Дауи, Салахаддин и унагъуэр хым зэпрызыхуар Сирием къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэращ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, мыбы къыщалъхуащ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ Хьэбыжбэч Абей ТIэлал.
Сальманийе хуэфэщэн къуэщ (мыр адрей ­къуажэхэм фIыуэ нэхъ пэжыжьэщ) Иорданием   и къэрал, жылагъуэ узэщIакIуэ генерал-лейтенант Исмаил Ануар-Мухьэммэд. И зэманы­гъуэхэм ар Иорданием и пащтыхь Хъусейн Бен Талал и хъумакIуэу, шэрджэс гвардием и пашэу щытащ.
…Айн-Зиуан жылэм и кхъэхэр… губгъуэжьым итщ. Дыгъэ жьэражьэм игъэгъуа къэкIыгъэ тIэкIум домбеякъ кIапсэхэр уигу къагъэкIыж. Сыту шынагъуэ абы уIуплъэну - дэнэкIэ умы­плъэми, кхъащхьэхэр, кхъащхьэхэр, кхъащхьэхэр… Ажалыр гъащIэм текIуащ!
Зы сыхьэтым къриубыдэу Джолан лъагапIэхэм тет адыгэ къуажэхэр къыпхузэхэкIухьынущ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, зэгуэр ахэр здэщыта щIы­пIэхэр. Махуих зауэ зыфIащыжам кърикIуар аращ - зэман кIэщI дыдэкIэ Израилым зэщIищта щIыпIэм (абы дежкIэ сыт и лъэныкъуэкIи мыхьэ­нэшхуэ зиIэм) - километр 70 и кIыхьагъыу, 15 и бгъуагъыу - адыгэхэм я лъэужь лъэпкъ къранакъым. Машинэ хьэлъэхэр къахури, шэмрэ топымрэ къела унэ-лъапсэхэр шэрхъ лъэгу ящIыжауэ щытащ. Жыги уни къамыгъанэу, псори щIым щыщ ящIат. Ар щIащIар - адыгэхэм къагъэзэжыну гукъыдэж ямыIэн папщIэ! 
Джолан лъагапIэхэр ямыбгынамэ, сыт хуэдэ гъащIэу пIэрэт къапэщылъыр абыхэм?! Уегупсысмэ, иджыпсту Израилым щыIэ адыгэ ­къуажитIым и пIэкIэ пщIы, цIыху мини 5-р мин ­  50 ирикъуну къыщIэкIынт. Иджыри къыздэсым а къэралитIыр зэпэщIэтщ. Абы нэхърэ нэхъ телъыджэжращи, Израилым щыIа туристыр ­Сирием кIуэн папщIэ, и паспортыр щIэрыщIэу къыдихыжын хуейщ - ар а къэралым и хабзэ ткIийхэм ящыщ зыщи. 
Сыт абы къикIыр? Зэгуэр Джолан лъагапIэхэр зыбгына адыгэхэм зэи ялъэгъужынукъым къэралитIым я зэпылъыпIэм щызэпхрыша ­гъущI кIапсэхэм адрыщIкIэ щыIэ я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ я кхъащхьэхэр. Аращ къикIыр. 
«Зы цIыхубз гуэр Рихьание къэкIуат. Ар къы­зэлъэIуащ Джолан дэсшеину. Къыщалъхуа ­Хушние жылэр здэщытам кIуэну хуейт. Сэ згъэ­зэщIащ абы и лъэIур. Бзылъхугъэм куэдрэ ­къыщикIухьащ мывэ фIэкIа здэщымыIэ щIыпIэ бгынахэм. Иджыри хъыджэбзыжь цIыкIуу ­да­щауэ щытат ар и жылэм. Иджы къигъэзэжын папщIэ, насыпыншэр США-м Iэпхъуащ, паспортыщIэ къыдихыну. Адыгэхэр зыщIэлъ кхъэм ихьэфакъым - иджыри къыздэсым тратил къегъэтIылъэкIащ. Уи гущIэм зыкъыдигъазэу гъащ цIыхубзыр… сэри сыдэгъащ абы».

Беслъэней Жансэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.