«Шынагъуэншагъэм и еджапIэ»

Налшык къалэм щыIэ «Кизиловка» турбазэм щекIуэкIащ сабийхэм я республикэ зэхьэзэхуэ, ­«Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» проектым хыхьэу Урысей МЧС-м зэхишауэ. 

Ар къызэрагъэпэщащ Урысей МЧС-м и Управленэ ­нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, республикэм мафIэ­сым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм, «Шынагъуэн­шагъэм и еджапIэ», мафIэсым пэщIэтынымкIэ Уры­сейпсо зэгухьэныгъэм я щIыналъэ къудамэхэм.
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым щIыналъэм МЧС-м и унафэщIым и къуэдзэ Анаев Мухьэмат зэпеуэм хэтынухэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ, ехъулIэныгъэ-хэр зыIэрагъэхьэмэ зэригуапэр яжриIащ. 
Зэхьэзэхуащ республикэм и курыт еджапIэхэм я команди 5, илъэс 11 - 16-хэм ит ныбжьыщIих дэтхэнэми хэту. Абыхэм я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ унэтIыныгъэ зыбжанэм: палаткэхэр зэрагъэувыфыр, альпинист Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпу бгым зэрыдэкIыфыр, лей зытехьа хуэдэм зэрыдэIэпыкъуфыр, нэгъуэщIхэри на-Iуэ къащIащ. 
Методикэ дэIэпыкъуныгъэмрэ я шынагъуэншагъэм-рэ къызэрагъэпэщащ мафIэсым пэщIэт-къегъэла­кIуэ Iуэ­хущIапIэм и ПСО-м и лэжьакIуэхэм. 
ЩIыналъэ МЧС-м ныбжьыщIэхэм папщIэ губгъуэм шхапIэ къыщызэригъэпэщат. Зэпеуэм кърикIуахэр къэп­щытакIуэхэм зэхалъхьэжыху, абыхэм тхъуий хьэгулывэ ирагъэшхащ шей пщтыр щIыгъуу. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуащ Балъкъэр Ипщэ къуажэм и курыт еджапIэм и «Тигр» командэр. Налшык къалэм и курыт еджапIэ №18-м и «Спасатель-07» гупым етIуанэ увыпIэр къихьащ. Прохладнэ къалэм и «Азимут» командэр ещанэщ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ.
- Зэхьэзэхуэр къытщIэхъуэ щIэблэр гъащIэ узыншэм хуэзыущийщ, апхуэдэуи альпинизмэм зезыгъэужьщ, - жиIащ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» щIыналъэ IэнатIэм и унафэщI Малкандуев Аслъэн. 
БАХЪСЭН  Азэмэт. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.