Къапэщытыр мащIэкъым

КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм щекIуэкIащ 2018 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуам щыхэплъэжа зэIущIэ. Абы хэтащ республикэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI, Урысей Федера­-цэм щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз ­Валерэ.

ЗэIущIэр Iуэху гуапэкIэ къызэIуахащ. КъБР-м щыIэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зы­гъэзащIэ полицэм и полковник Мамхэгъ Назир Урысей МВД-м пщэрылъ къыщащIа къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ къазэ­рыдэIэпыкъуам папщIэ «За содействие МВД» бгъэхэIу дамыгъэмрэ «300 лет российской полиции» фэеплъ юбилей медалымрэ иритащ Урысей Федерацэм и Президентым и деж ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ щыIэ Урысей академием и профессор Ащхъуэт ­Анзор Мухьэмэд и къуэм.
АдэкIэ Мамхэгъ Назир зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ 2018 гъэм и мазихым я лэжьыгъэм кърикIуам, ещанэ мазищым къапэщыт къалэнхэм.
ЗэIущIэм щыхэплъащ щIэпхъаджагъэхэр сэтей къэщIынымкIэ я лэжьыгъэр зыхуэдэм, хабзэр къызэпауду наркотикхэкIхэр емыгъэщэным, гъуэгум щызекIуэхэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ яхъумэным ехьэ­лIауэ къагъэсэбэп Iэмалхэм.
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэху псоми теухуа унафэхэр къащтащ.

 

УЭРДОКЪУЭ Женя

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.