|
Статьи на кабардинском языке
31 января, 2019 - 06:42
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и дохутыр, Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и отличник, Зеикъуэ дэт район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ КIуэкIуэ Миланэ (Светланэ) Мухьэмэд и пхъур жылагъуэм зи пщIэр щылъагэ бзылъхугъэ щыпкъэщ. Илъэс 45-м щIигъуауэ зыхэт гупми, жыпIэнурамэ, къэзыцIыху дэтхэнэми псалъэ гуапэ куэд хужаIэ абы.
29 января, 2019 - 11:28
Урысейм 2018 гъэр Волонтёрым и илъэсу зэрыщыщытар дыгъуасэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыщызэщIакъуэжащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
28 января, 2019 - 06:49
Бэрэжьей кIуам, щIышылэм и 23-м, лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир икIи республикэ МВД-м и унафэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ, - къет Урысей МВД-м и лIыкIуэ Иринэ Волк.
28 января, 2019 - 06:49
Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ махуитIкIэ щыIащ Урысейм и Жылагъуэ палатэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, ухуэныгъэмкIэ, гъуэгухэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Шпектор И. Л.
28 января, 2019 - 06:48
«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и ЩIалэгъуалэ гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща «Парламентаризмэм и школ» федеральнэ Iуэхум хыхьэу иджыблагъэ зи чэзу зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ.
24 января, 2019 - 08:41
IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр кърихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и коллегием иригъэкIуэкIа зэIущIэм щIэсащ Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым и къуэдзэ Сыдорук Иван, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений сымэ. Зыхэплъа Iуэху нэхъыщхьэм теухуа докладыр ищIащ КъБР-м и прокурор Жариков Олег.
24 января, 2019 - 08:40
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ Урысей гвардием и унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-полковник Меликов Сергей.
24 января, 2019 - 08:40
ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, тхыдэдж МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 84-рэ щрикъум ирихьэлIэу а лIы щэджащэм и фэеплъ пхъэбгъу дыгъуасэ къыщызэIуахащ ар щыпсэуа, Налшык къалэ дэт унэм.
22 января, 2019 - 12:27
Апхуэдэу министрыр щыIащ Шэджэм къалэ дэт «Сад-Сервис» ООО-м, Бахъсэн къалэ щыIэ, «АГРО-КОМ» ООО-м, Аруан куейм и «НЭЖАН» ООО-м, Лэскэн щIыналъэм хиубыдэ Ташлы-Тала къуажэм къыщызэIуаха курыт еджапIэм, Шэрэдж районым дащIыхьа, псы щрагъахъуэ заводым, нэгъуэщIхэми.
22 января, 2019 - 12:26
Автомобиль зекIуапIэхэмрэ туристхэр бгыхэм дэзыш кIапсэ гъуэгухэмрэ нэхъыбэ щIыным хущIэкъуным Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэу къакIуэхэм я бжыгъэм хигъэхъуэнущ. Ар щыжиIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, ди республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэр хэту ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщыщыпсалъэм.
Страницы
|