Статьи на кабардинском языке

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм ират дэIэпыкъуныгъэм хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм­ и Парламентым и комитетитIым - Аграрнэ политикэмкIэ, экологиемкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ щIы IуэхухэмкIэ и комитетымрэ Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэм­рэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и ко­митетымрэ зэщIыгъуу ирагъэкIуэ­-кIа зэIущIэр теухуауэ щытащ республикэм и агропромышленнэ комп­лексым и лэжьакIуэхэм я псэу­кIэмрэ лэжьэкIэмрэ, абыхэм яIэ правовой шэсыпIэхэм.

Езы тхьэмадэри кIэлъоплъ

Бахъсэн районым иужь зэманым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIыным, гъуэгу Iуфэхэр, псыхэм я къе­жэхыпIэ­хэр гъэкъэбзэ­ным хуэгъэзауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэхэмкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и япэ зэIущIэр КIуэкIуэ Казбек ирегъэкIуэкI

КъБР-м и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэ­ры­рикъум зыхуэгъэхьэзы­ры­нымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и япэ зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительст­вэмрэ я унафэщIхэр, ­КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е.

Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гъатхэпэм и 26-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэр.

Гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ ща­­гъэлъэпIащ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр.

Шынагъуэншагъэм толажьэ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2016 гъэм щIышылэм и 16-м къыдигъэкIа уна­фэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 27-р Урысейм и Лъэпкъ гвардием хыхьэ дзэхэм я махуэу ягъэуващ.

КIуэкIуэ Казбек ТАСС-м и генеральнэ директорым гуроIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIэу IущIащ ТАСС хъыбарегъащIэ агентствэм и генеральнэ директор Михайлов Сергей.

IэнатIэ гугъу

Урысей гвардием Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм щиIэ къудамэм и унафэщI полицэм и полковник Васильев Сергей я лэжьыгъэм щигъэгъуэзащ журналистхэр. ЗэIущIэр къызэрагъэпэщат УФ-м и Лъэпкъ гвардием и махуэм ирихьэлIэу.

Ди республикэмрэ Москва дэт къэрал университетымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа меморандумым Iэ щIадз

Москва щокIуэкI «Университетхэр, жылагъуэ, цIыхухэм я къэкIуэнур» ­дунейпсо зэхыхьэшхуэ. Абы хэтащ икIи къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэ­защIэр.

Бахъсэн къалэм МафIащхьэтыхьыр щагъэлъапIэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм махуэшхуэ программэ къыщызэрагъэпэщат гъэрэ щIырэ щызэхэкIым ирихьэлIэу. Концерт залым щызэхуэсат цIыху куэд. Ахэр ирагъэплъащ Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыб­-гъуей къуажэмрэ щэнхабзэмкIэ я унэхэм я артистхэр зыхэта концерт гукъинэжым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке