Статьи на кабардинском языке

Дунейпсо Адыгэбзэ диктанткIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр ягъэлъапIэ

Адыгэу дунейм тетым гъатхэпэм и          14-м ягъэлъэпIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, адыгэхэр куэду зэрыс республикэхэмрэ къэ­ралхэмрэ а махуэм ще­кIуэкIащ «Адыгэ­бзэ диктант».

Газ Iуэхум егъэпIейтей

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм депутатхэр иджыри зэ щытепсэлъыхьыжащ республикэм щып­сэухэм къагъэсэбэпа щIыуэпс газым и уасэр терминалхэмкIэ зытахэм я ахъшэр зэрыпхымыкIам кърикIуа Iуэхум.

Спортым нэхъри зыщиужьыным хуэгъэпсауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ щыIащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александр.

КIуэкIуэ Казбек волонтёрхэм я экологие лэжьыгъэм хэтащ

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и волонтёрхэм ящIыгъуу экологие лэжьыгъэм хэтащ. А махуэм ТекIуэныгъэм и стелэу Налшык къалэм дэтым деж жыгыщIэу 120-рэ щыхасащ.

Гуапэу щыIэр зыхуэфащэхэр

Хабзэ дахэу къокIуэкI ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр гъатхэпэм и 8-м гъэлъэпIэныр.

УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Козак Д. Н. иригъэкIуэкIа селектор зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. хэтащ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Козак Дмитрий Москва щригъэкIуэкIащ щIэупщIэ зиIэ продукцэ къыщIэгъэкIынымкIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм яхуэгъэза программэхэр зыгъэзащIэ организацэхэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етыным теухуа ­селектор зэIущIэ.

Сабийхэм я хуитыныгъэхэр яхъумэн папщIэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр Iуэхугъуэ 40-м щIигъум щыхэплъащ.

Балигъ мыхъуахэмрэ къуажэдэсхэмрэ я Iуэхум хоплъэ

Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм деж щызэхэтащ цIыхухэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм, балигъ мыхъуахэм я IуэхукIэ комиссэм илэжь­-хэм теухуа зэIущIэ.

КIуэкIуэ Казбек хэтащ «IэщIагъэм хуэIэзэ ныбжьыщIэхэр» III щIыналъэ чемпионатыр щызэхуащIыжым

Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щызэхуащIыжащ «Iэ­щIагъэм хуэIэзэ ныбжьыщIэхэр» III щIыналъэ чемпионатыр. Абы ирихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В., КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Е. А., КъБР-м и Парламентым, КъБР-м и Правительствэм, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке