Министр Колокольцев Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащБэрэжьей кIуам, щIышылэм и 23-м, лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир икIи республикэ МВД-м и унафэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ, - къет Урысей МВД-м и лIыкIуэ Иринэ Волк. Урысей МВД-м и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэм и полицэм пIалъэ гъунэгъум и лэжьыгъэр нэхъ зытригъэщIэну унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, къигъэлъэгъуащ экономикэ щIэпхъаджагъэмрэ экстремизмэмрэ япэщIэтыным къарур нэхъри хузэщIэгъэуIуэн зэрыхуейр, пщэрылъ къащищIащ гъуэгу шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр ирагъэфIэкIуэну.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|