Урысейм 2018 гъэр Волонтёрым и илъэсу зэрыщыщытар дыгъуасэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыщызэщIакъуэжащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэм щIидзэн и пэ къихуэу, щIалэгъуалэм КIуэкIуэр хагъэгъуэзащ республикэм волонтёр зэщIэхъееныгъэр зэрыщылажьэмрэ зэфIагъэкIхэмрэ, апхуэдэуи яIэ ехъулIэныгъэхэм. ЗэщIэхъееныгъэр къудамэ зэмылIэужьыгъуэу гуэшащ, медицинэм, социальнэ Iуэхухэм, щIыуэпсыр хъумэным, нэгъуэщIхэми ятещIыхьауэ. 2018 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёр зэщIэхъееныгъэр щытекIуащ «Регион добрых дел» урысейпсо зэпеуэм икIи сом мелуани 8-рэ мини 196-рэ 300-рэ саугъэту къратащ.
КIуэкIуэ Казбек щIалэгъуалэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ волонтёр зэщIэхъееныгъэм хэтхэм ягъэлъагъуэ цIыхугъэмрэ гуапагъэмрэ псом нэхърэ зэрынэхъыщхьэр. «Си дежкIэ нобэ нэрылъагъу хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёр зэщIэхъееныгъэм куэд зэрызэфIигъэкIыр. Ауэ псом нэхъыщхьэр фигуми фи псэми къыбгъэдэкIыу абы фызэрыхэтырщ, цIыхухэм сэбэп фахуэхъуну фызэрыхущIэкъурщ. Абы щхьэкIэ фIыщIэ фхузощI, - жиIащ КIуэкIуэм. - Дызэрыщыгъуазэщи, ди волонтёрхэр жыджэру хэтащ Олимп Джэгухэми, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 70 зэрырикъур къэралым зэрыщагъэлъэпIами, нэгъуэщI Iуэхугъуэшхуэхэми. А псор и щыхьэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыкIэ узыщыгугъ хъун щIалэгъуалэ зэрикуэдым. Сыт и уасэ ахэр ди нэхъыжьыфIхэм, Хэку зауэшхуэм хэтахэм зэрызыщIагъакъуэми, щIыуэпсым и къабзагъэм зэрыкIэлъыплъми. Ахэр уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэу къызолъытэ. Волонтёрым и илъэсыр иухами, сыщогугъ дяпэкIи фи зэфIэкIым хэвгъэхъуэну».
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр зэIущIэм щратащ Къэбэрдей-Балъкъэрым волонтёр зэщIэхъееныгъэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа зыбжанэм.
2018 гъэм волонтёрхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм ящыщщ КъБР-м волонтёр зэщIэхъеены-гъэм зыщегъэужьынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу щIыналъэ ресурс центр къызэрызэIуахар, къищынэмыщIауэ, Урысейм и волонтёрхэм я зэхуэсыр нэгъабэ Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрыщрагъэкIуэкIар.
Илъэс етхуанэ хъуауэ КъБР-м и волонтёрхэм яхэт Къумыкъу Кари-нэ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэн-хэр зыгъэзащIэр хигъэгъуэзащ «Летопись боевой славы» я проектым хыхьэу, волонтёрхэм Хэку зауэшхуэм и ветеран 45-м я деж, зыхуей-зыхуэныкъуэкIэ зыщIагъэкъуэн мурадкIэ, зэрыщыIар. КъуэщIысокъуэ Зарэ тепсэлъыхьащ езым игъэхьэзыра «Сэ сыбдэIэпыкъунщ» Iуэхум. Ар тещIыхьащ сабий ныкъуэдыкъуэхэр щапI унагъуэхэм защIэгъэкъуэным.
ЗэIущIэм хэта щIалэгъуалэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуагъэзащ республикэ унафэщIым. Ахэр щIэупщIащ республикэм волонтёр лэжьыгъэм зэрызыщебгъэужь хъуну Iэмалхэм, сыт хуэдэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ а зэщIэхъееныгъэм игъуэтынуми, нэгъуэщIхэми. ЩIалэгъуалэм я лъэIукIэ, КIуэкIуэм ахэр къигъэгугъащ светодиоднэ экран къыхуащэхуну.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм еупщIащ ар щыстудента илъэсхэр зэрекIуэкIами. КIуэкIуэм жиIащ иджырей щIалэгъуалэм яIэ Iэмалхэр куэдкIэ зэрынэхъыбэр. «Ди зэманым волонтёр зэщIэхъееныгъэ щымыIами, дэри лэжьакIуэ гупхэм дыхэтащ, губгъуэхэм, ухуэныгъэм ди гуащIэ хэтлъхьэу. Нобэ долъагъу мыпхуэдэ зэщIэхъееныгъэм и сэбэпынагъри, сыхуейт адэкIи зывужьыну», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек иратащ Волонтёрым и тхылъыр.