Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ Iуэху иIэу къэкIуащ Урысейм и Жылагъуэ палатэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, ухуэныгъэмкIэ, гъуэгухэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Шпектор Игорь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ махуитIкIэ щыIащ Урысейм и Жылагъуэ палатэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, ухуэныгъэмкIэ, ­гъуэгухэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Шпектор И. Л.

ХьэщIэр иригъэблэгъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэр къэгъэ-­щIэ­рэщIэжыным, инвестицэхэр къызэ­щIэ­гъэу­IуэнымкIэ Iэмал тэмэмхэр къыщызэгъэпэщыным, жылагъуэ кIэ­лъып­лъы­ныгъэм и иджырей Iэмалхэр къэ­­гъэ­сэбэпыным, апхуэдэу псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэу цIыхухэм къагъэсэбэпхэр егъэфIэ­кIуэ­ным, псэупIэ фондыр зэрызэрахьэ щIыкIэр гъэтэмэмыным.
А махуэ дыдэм хьэщIэри хэту ирагъэ­кIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ В. Хь., КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хь. А., КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, Iуэхум егъэщIылIа министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, муниципальнэ районхэм-   рэ къалэ округхэмрэ я Iэтащхьэхэр, ап­хуэдэу республикэр энергиекIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм, фэтэр куэд хъу унэхэр зезыхьэ компаниехэм я лIыкIуэхэр къызрагъэблэгъа зэIущIэ. Абы щыхэп­лъащ унэхэр псыкIэ къызэзыгъэ­пэщ, ­псы фIейр зэрыщIаш системэхэр къэгъэ­щIэрэщIэжыным, фэтэр куэд хъу унэхэр капитальнэу зэгъэпэщыжыным, унэ ­кхъахэхэм щIэс унагъуэхэр гъэIэп­хъуэ­ным, жылагъуэхэм я санитар щы­тыкIэр егъэфIэкIуэным, кIэрыхубжьэ­ры­хухэр зэ­ры­зэхуахьэсымрэ зэрыдашымрэ гъэтэ­мэмыным пыщIа Iуэхухэм.
Шпектор Игорь къыщыпсалъэм къыхигъэщащ жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIы­нымрэ къалэхэм я щытыкIэр егъэ­фIэкIуэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэфIэкI зэрыбгъэдэлъыр. «Къалэхэмрэ жылагъуэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным фызэрегугъур икъукIэ гуапэщ. А мурадхэм тригъэкIуэдэн папщIэ республикэм къы­Iэрыхьа бюджет ахъшэр зэрызэригъэзахуэр къапщтэмэ, ар адрей щIыналъэхэм щапхъэ яхуэхъун хуейщ. Дауэ щымытми, зэрыщыту псэупIэ-коммуналь­нэ хозяйствэм и IэнатIэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ япэ игъэщыпхъэ къалэнхэр щыIэщ. Мы IэнатIэм и инфраструктурэм, псы фIейхэр щагъэкъабзэ IуэхущIапIэхэм, апхуэдэу республикэм и район ­щхьэх­уэ­хэм фэтэр куэд хъууэ щыIэ унэхэр зэрызэрагъэпэщыжам дыщеплъым къы­хэдгъэща Iуэхухэмрэ абыхэм яхуэтщIа дагъуэ щхьэхуэхэмрэ Правительствэм къилъытэну дыщогугъ», - жиIащ хьэщIэм.
Республикэм и щIыналъэ щхьэхуэхэр къы­щызэхакIухьым хьэщIэхэр зэплъа Iуэ­хущIапIэхэм ящыщщ Бахъсэн къалэм псы фIейхэр щагъэкъабзэ и IэнатIэр. Шпектор Игорь щIыгъуу абы кIуащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Пригородов Игорь, КъБР-м инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и минист­рым и чэнджэщэгъу Бэлагъы Борис, министрым и къуэдзэ - псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ департаментым и унафэщI Гъэсашэ Жамболэт, Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим сымэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правитель­ствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр