ЛIыхъужьхэм я щапхъэ

Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуа­жэм дэт курыт школ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ зэIущIэ купщIафIэ. Ар теу­хуауэ щытащ «Урысейм и гугъапIэ» къэ­ралпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди ­республикэм щиIэ къудамэм и пашэ ­Черновэ Алёнэрэ абы ипхъу Назаровэ Надеждэрэ зэдатха «Унагъуэм и тхыдэр Хэкум и тхыдэм къыхэнащ» тхылъыщIэр утыку къихьэным. Зэхуэсыр щекIуэкIащ школым и «Зыужьыныгъэм и щIэдза-пIэ» IэнатIэм.
Налшык дэт «Принт-Центр» тхылъ те­дзапIэм къыщыдэкIа тхылъ купщIафIэм и лъэтеувэм кърихьэлIат хьэщIэ лъапIэ куэд. Школым и егъэджакIуэхэмрэ еджа­кIуэ цIыкIухэмрэ, апхуэдэу тхылъым и авторхэм нэмыщI, абы жыджэру хэтащ КПРФ-м и къалащхьэ къудамэм и лIы­кIуэхэу Шыдакъ Евгение, Ульбашевэ ­Светланэ, ВэрылI Сэфарбий сымэ, къуа-жэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу ­Леонид, Аруан районым и ветеранхэм я ­зэгухьэныгъэм и пашэ Езий Юрэ, «Уна­гъуэм и тхыдэр Хэкум и тхыдэм къыхэ-нащ» тхылъым зи хъыбар ихуа, Фин ­зауэм, Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ ха­хуагъэрэ зэрихьэу хэта Албот Даудий Лыкъуэ и къуэм къыщIэна унагъуэм щыщ-хэр, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къул ФатIи-мэ, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсыр къызэIуахыным ипэ къихуэу, хьэщIэхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда къэхъундэсхэм я ­фэеплъу къуажэм дэтым. ДакъикъэкIи абыхэм яхуэщыгъуащ.
Тхылъым елэжьахэм ящыщщ курыт школ №2-м и еджакIуэхэу тхыдэдж ныбжьыщIэхэм я «Къэлъыхъуэ­ныгъэ» клу- бым екIуалIэхэр. Абыхэм я унафэщIщ тхы­дэмкIэ егъэджакIуэ цIэрыIуэ, тхыдэ щIэ­ныгъэхэм я кандидат Шыбзыхъуэ Хъам­синэ. Абыхэм гукъыдэж яIэу зэхуа­хьэсащ я къуажэгъу зауэлIым теухуа дэф­тэрхэр, хъыбархэр, сурэтхэри кърахьэлIащ. Хьэ­лэмэтрати, Албот Даудийрэ тхылъыр зи ­къалэмыпэм къыпыкIам и адэшхуэмрэ Фин зауэжьым зэдыхэтауэ щытащ.
- Апхуэдиз лэжьыгъэ къезыхьэлIа еджа­кIуэ цIыкIухэм я деж дыкъэмыкIуэу тхуэ­шэчакъым. Нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну дыхуейт ди адэшхуэм зауэ IэнатIэм къы­дыIута Албот Даудий къыщIэна унагъуэр, къыщIэхъуа щIэблэр. А зауэлIитIыр бийм пэщIэтащ, зы щIакхъуэ Iыхьэр зэдагуэшу, зэш зэхуэхъуауэ, - жиIащ Черновэ Алёнэ. - Ди мурадыр къыддэзыIыгъыу зэIущIэм зыкърезыхьэлIа псоми фIыщIэ яхудощI. Зи блэкIам щыгъуазэ, зи къэкIуэнум фIы-кIэ хуэлажьэ щIэблэ фи жылэм къыдэ­хъуэну сыфхуохъуахъуэ.
АдэкIэ утыкур хуит хуащIащ тхылъ гъэ­щIэгъуэным папщIэ тхыгъэхэр зыхуэ­зы­хьэса ныбжьыщIэхэм. Ахэр зэпкърыхауэ тепсэлъыхьыжащ я егъэджакIуэм пщэ­рылъ къахуищIа къалэныр зэфIэ­хы­ным гукъыдэж яIэу зэрыхэтамрэ Iуэхур зэре­кIуэкIамрэ. НыбжьыщIэхэм зэрыжаIамкIэ, къуажэм щыпсэу куэдым яхуэщхьэпэну «Унагъуэм и тхыдэр Хэкум и тхыдэм къы­хэнащ» тхылъыщIэм езыхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ икIи фIыщIэ хуащIащ ар къахуэзыхьа, тыгъэ къахуэзыщIа хьэщIэ лъапIэхэм. ШколакIуэхэр къызэхуэсахэм къахуеджащ тхылъым щыщ Iыхьэхэм, абы ихуа усэ щхьэхуэхэм.
Тхылъыр зи къалэмыпэм къыпыкIа зэ­нэ­зэпхъум апхуэдэу гуапэу ехъуэхъуащ Iуэхум кърихьэлIахэр. Псом хуэдэжтэ-къым Албот Даудий и къуэ Сэрэбий, зауитIым я лIыхъужьым къыщIэхъуа щIэблэм ящыщу Чэримрэ Хьэмидбийрэ я къэп­сэ­лъэныгъэхэр
Зэхуэсым хэтахэм яфIэхьэлэмэту щы­гъуазэ зыхуащIащ Iуэхум къыхузэрагъэ­пэща гъэлъэгъуэныгъэм. Абы хэлът Хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа, абы папщIэ зи псэр зыта къэхъундэсхэм ятеухуа тхылъ­хэр, тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэ­щIэгъуэнхэр, фронтым къратхыкIауэ щы-та письмо щимэхэр, нэгъуэщIхэри. Iуэхур и макъ жьгъыру дахэмкIэ иIэтащ уэрэ­джы­IакIуэ цIэрыIуэ Къул ФатIимэ. Абы къы­зэхуэсахэм папщIэ жиIащ зауэм, мамырыгъэм ятеухуа хэкупсэ уэрэдхэр.
ГъэщIэгъуэну, купщIафIэу екIуэкIа зэ­IущIэр къызэщIикъуэжу, абы къыщыпсэ­лъащ а курыт школым и унафэщI Джатокъуэ Хьэуелэ. ХьэщIэ лъапIэхэм фIыщIэ ин яхуищIащ абы, апхуэдэуи жиIащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуабжьу щхьэпэу зэрыщы-тыр.
Зэхуэсыр абы хэтахэм я гум гуапэу куэдрэ зэрилъынум шэч хэлъкъым.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр