ЩIыуэпсыр хъумэным къыхураджэ

Дыкъэзыухъуреихь дуней дахэр Къытщхьэщытыр къызэрытхуэуп­са хъугъуэфIыгъуэу, ар хъумэныр ­дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытыр сабийхэм къагурыIуэу къэгъэ­тэ­джыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэщ. «Урысеймэкъумэшбанк» (РСХБ) IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм ­гу­лъытэ хэха хуащI абы. Банкым и лэжьакIуэхэр иджыблагъэ хэтащ «Дызэгъусэу щIыуэпсыр тхъу­мэнщ» социально-экологие акцэм.
ЩIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм епха Iуэху щхьэпэхэр ирагъэ­кIуэкIын мурадыр яIэу, РСХБ-м ­КъБР-м щиIэ IэнатIэм корпоратив сату лIэужьыгъуэмкIэ и къудамэм и унафэщI Егъэн Ислъам, сатумрэ цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI КIарэ Каринэ, банкым Анзорей щиIэ IуэхущIапIэм и пашэ Апекъу Анзор сымэ хьэщIапIэ яхуэ­кIуащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Арщыдан къуажэм дэт сабий сад ­№4-м и гъэсэн цIыкIухэм. ЗытекIухьа Iуэхум и пэщIэдзэу, а IэщIагъэлIхэм цIы­кIухэм драгъэкIуэкIащ ахъшэм зэрыхущытыпхъэм, ар къызэрыгъэ­сэ­бэпыпхъэмрэ гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэмрэ ятеухуа щIэныгъэхэр зи ­лъабжьэ дерс хьэлэмэтхэр. Банкым и лэжьакIуэхэм зэрамыгугъауэ, сабийхэм а Iуэхугъуэхэм хъарзынэу хащIы­кIыу къыщIэкIащ. Я ныбжьым емы­лъытауэ цIыкIухэм къызыкъуах щIэ­ныгъэхэр хьэлэмэтт: абыхэм ахъшэ бжыкIэр ящIэ, ар гъащIэм къызэрыщагъэсэбэпми щыгъуазэщ, щэн-къэщэхунымкIи зытепсэлъыхьын я куэдт. Апхуэдэу садым и гъэсэнхэм ящIэ пластик картэхэр зэрыщыIэр, банкоматхэм ахъшэ къизыхыфхэри яхэтт.
ХьэщIэхэм зыхуэзыгъэхьэзыра «фи­нансист» ныбжьыщIэхэм абыхэм я пащхьэ щагъэзэщIащ «тыкуэным дызэрыщыIар» теплъэгъуэ цIыкIур. Абы къриубыдэу сабийхэр хунэсащ щэн-къэщэхуным хэлъ щхьэхуэныгъэ куэдым зэрыщыгъуазэр наIуэ къащIыну. Апхуэдэу цIыкIухэр къеджащ финанс Iуэхум теухуа усэхэм, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ.
А псори гъэщIэгъуэн зыщыхъуа банк лэжьакIуэхэр итIанэщ щыхунэсар зытекIухьа Iуэхугъуэм. ЩIыуэп-сым цIыху гъащIэм щиубыд увыпIэм-рэ ар хъумэн зэрыхуеймрэ тепсэ­лъы­хьа нэужь, абыхэм сабийхэм хуагуэшащ Урысеймэкъумэшбанкым и ло­готипыр, РСХБ хьэрфхэр зытет икIи щIыгулъ зэрылъ кхъуэщын цIы­кIу­хэмрэ абыхэм хасэну удз лIэужьы­гъуэхэм я жылэхэмрэ. ХьэщIэхэр я дэ­Iэпыкъуэгъуу сабийхэм хасащ жылэхэр.
- Сабийхэм гугъэзагъэу дадэлэ-жьащ нобэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ цIыхуми, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэм, щIыуэпсым и мыхьэнэр къыгурыIуэу щытын папщIэ, псэкIэ зыхегъэщIэн хуейщ ар езыр дыкъэ­зыухъуреихь дунейм щыщ зы Iыхьэу зэрыщытыр, - жиIащ Егъэн Ислъам. - ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу, ар зы­хъумэфыну щIэблэ къызэрытщIэ­хъуэмкIэ гугъэфIхэр диIэ хъуащ нобэрей зэIущIэмкIэ. Сабий садым и гъэсакIуэхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ цIыкIухэр гу зэIухакIэ щIыуэпсым ­хущыту къызэрыхъум. Ди гуапэ хъуащ ди нэгу щIэкIа псори.
ЗэIущIэ хьэлэмэтым и кIэухыу хьэщIэхэр сабийхэм яхуэгуэпащ саугъэт цIыкIухэмрэ IэфIыкIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэмкIэ. Псоми я нэгум ар­э- з­ыныгъэрэ дэрэжэгъуэрэ илъу зэбгрыкIыжыщ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр