ЩIыналъэхэм къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэр щызэпкърах «муниципальнэ сыхьэт»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, хабзэ зэрыхъуам тету, «муниципальнэ сыхьэт» иригъэкIуэкIащ. Абы щыте­псэлъыхьащ республикэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, къагъэсэбэпа энергием хуэзэ уасэр зэратым, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я сэбэп зыхэлъхэм судхэм къащыщхьэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэр зэрызэтеухуа щIыкIэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, Iуэхухэр зэхьэлIа министерствэхэм я унафэщIхэр, республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэр.
Эпидемилогие щытыкIэм и гугъу щащIым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ узыфэр зыпкърытхэм я бжыгъэр хуэмурэ зэрехыр: госпиталхэм щIэлъщ цIыху 743-рэ, реанимацэхэм 73-рэ. Нэхъ мащIэ ­хъуащ зы жэщ-махуэм къриубыдэу сымаджэу къахутэхэм я бжыгъэри. Госпиталь зыбжанэм сымаджэхэр яшэжыркъым, республикэм щыIэ гъуэлъыпIэ 1235-м щыщу сымаджэхэм къыхуагъэсэбэпыр процент 62-рщ, хуей хъумэ ягъэгъуэлъыну ­гъуэлъыпIэ 450-рэ яIэщ.
Коронавирусым зэрыпэщIэт мастэр цIыхухэм яхэлъхьэным хуэгъэза лэжьыгъэми пащэ. Вакцинэр щыхалъхьэ щIыпIэ 43-рэ къызэIуахащ, лэжьакIуэ гупхэм кIуэурэ мастэхэр халъхьэуи Iуэхур зэтраухуащ. Республикэм къыIэрыхьащ коронавирус узыфэм пэщIэтыф «Гам-Ковид-ВАК» вакцинэм хуэдэу хэIугъуэ 8242-рэ. Нобэм ирихьэлIэу цIыху 3197-м мастэм и япэ хэIугъуэр халъхьащ, етIуанэр миным щIигъум.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ, коронавирус зэуэлIахэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъууэ хуежьами, ягъэува мардэхэр къэгъэтIэсхъэным и гугъу пщIыну зэкIэ зэрыпасэр, псом хуэмыдэу цIыху куэд зыхэт дауэдапщэхэр егъэкIуэкIыным уепIэщIэкI зэрымыхъунур.
Лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъур КъБР-м и Iэтащхьэм хуиIуэтащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Премьер-министрым жиIащ абыхэм я нэхъыбапIэр муниципалитетхэм зэрыIэрагъэхьар. «Къы­зэ­гъэпэщыныгъэ Iуэхухэр зэрызэфIэкIыу, зэман гъунэгъум дэ яужь дихьэнущ проектхэр гъэзэщIэным», - жиIащ абы.
Республикэм и Iэтащхьэм зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным ехьэлIа Iуэху псоми муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм я нэIэ зэпы­-мыууэ зэрытетыпхъэр.
Къуныжь МуIэед и гугъу ищIащ къагъэсэбэп энергоресурсхэм хуэзэ уасэр къызэрыхэкIым. КIуэкIуэ Казбек зыхуэфащэ IэнатIэхэм пщэрылъ ящищIащ IуэхущIапIэхэм абы и лъэныкъуэкIэ ахъшэр къызэрыхэкIыр къапщытэну. «Си фIэщ хъуркъым цIыхухэм ягъэс энергием и уасэр ямыту. Аращи, муниципалитетхэм я унафэщIхэм псом япэрауэ къапщытапхъэщ IуэхущIапIэхэм абы и лъэныкъуэкIэ я хьэкъхэр зэрызытрагъэкIыр», - жиIащ Iэтащхьэм икIи щIыналъэхэм я унафэщIхэм къалэн ящищIащ организацэхэм апхуэдэ щIыхуэ ятелърэ ятемылърэ зэхагъэкIыу абы унафэ тращIыхьыну.
Iэтащхьэм апхуэдэу IэнатIэ щхьэхуэхэм я пщэ дилъхьащ энергиер къэзыгъэсэбэпхэм квитанцэхэр тэмэму яIэрыгъэхьэным я нэIэ трагъэтыну, Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэхэм ящыщу пщIэхэр зэуэ зэрат тхылъхэр къэзыгъэсэбэпхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ящIыным яужь итыну. «Энергоресурсхэм хуэзэр тэмэму ятыныр тхузэтеухуэмэ, дэ иужькIэ и гугъу тщIы хъунущ абыхэм я тарифхэм кIэрыдгъэхуным, аращи, абы хуэгъэза лэжьыгъэр щIэдгъэхуэбжьапхъэщ», - къыхигъэщхьэхукIащ абы.
Щхьэхуэу хэплъащ муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я сэбэп зыхэлъхэм суд IуэхущIапIэхэм къащыщхьэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэр зэрызэтеухуа щIыкIэм. Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ а Iуэхум жэуаплыныгъэ хэлъу бгъэдыхьэн зэрыхуейр, псом хуэмыдэу муниципальнэ мылъкур хъумэным, нэгъуэщI Iуэхухэм ехьэлIахэм. «Суд IуэхущIапIэ нэхъы­щхьэхэми Iуэхур щызэхэбгъэкI хъунущ, хабзэм апхуэдэ хуитыныгъэ къыщыдиткIэ. Муниципалитетым, щIыналъэм щыпсэу­хэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэжын хуейщ», - къыхигъэщащ УнафэщIым. Iэтащхьэм абы зи нэIэ тетын хуейхэм къалэн ящи­щIащ муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэху зыIутыр наIуэ къащIыну.
Республикэм и Iэтащхьэм гулъытэншэу къигъэнакъым Шэрэдж Ищхъэрэм дэт курыт школыр зэгъэпэщыжын зэрыхуейм теухуауэ социальнэ сетхэм иджыблагъэ къралъхьа хъыбарыр. «Ди жагъуэ зэры­хъущи, апхуэдэ щытыкIэ итыр а школым и закъуэкъым. Апхуэдэхэр зыбжанэ мэхъу. Пэжщ, а лэжьыгъэм тедгъэкIуэдэн ­мылъку зэкIэ къэралым тхухихакъым, ауэ дэ къэдгъуэтынщ ар 2021 гъэм зэрызэ­дгъэпэщыжын ахъшэ. ЩIыпIэм дыкIуэн хуей хъумэ, дыкIуэнщ. Ауэ апхуэдэ зы школи республикэм щыIэн хуейкъым - диIэ псори тэмэму щытыпхъэщ. Ди сабийхэр кIуэн хуейщ нэр зыгъэгуфIэ еджапIэхэм, ахэр ухуэныгъэщIэ дыдэу щымытми», - жиIащ Iэтащхьэм. Абы муниципалитетхэм я унафэщIхэм пщэрылъ ящищIащ я щIыпIэхэм хиубыдэ школ псори къапщытэу абыхэм я щытыкIэхэм теухуауэ къахутахэр КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм хуагъэхьыну, Iуэхум унафэ тращIыхьын хуэдэу.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Пра­вительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр