КIуэкIуэ Казбек: «Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэр зэраукъуэдийм и фIыгъэкIэ республикэм и экономикэм зеужь, щIыналъэм щыпсэухэм я шынагъуэншагъэри къызэгъэпэща мэхъу»

2021 гъэм щIышылэм и 20-м Псыхуабэ щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум и управленэм и унафэщI Лечхаджиев Руслан сымэ.

ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыналъэхэм ­гъуэгухэр щыукъуэдииным, жьы хъуахэр щызэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ 2020 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуа­хэр зэхэлъхьэжыныр, апхуэдэуи илъэ­сыщIэм зэфIагъэкIын хуейхэр убзыху-ныр.
Апхуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс кIуам къэрал гъуэгуу километр 43-рэ щызэрагъэпэщыжащ. Абыхэм  ящыщщ километр 25-рэ зи кIыхьагъ ­Аруан - Къэщкъэтау гъуэгур («А-158» гъуэ­гум щыщу), Шэджэм ЕтIуанэ - Налшык гъуэгум щыщ километрийр («Р-217» гъуэгум и 442-нэ километрым къыщыщIэ­дзауэ 450-нэ километрым нэсу), Бахъсэн къалэмрэ Бахъсэнёнок жылэмрэ кило­метри 10 хъу я гъуэгу Iыхьэхэу («А-158»-м и 31-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 41-нэ ки­лометрым нэсу) зыхуей хуагъэзэжахэр. 2021 гъэм апхуэдэуи и кIэм нагъэсынущ Ислъэмей къуажэм и гъуэгухэм ящыщу километрибгъу хъур («А-158» гъуэгум и 41-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 49-нэм нэсу).
2020 гъэм зэрагъэпэщыжащ Бахъсэн псым Бедык къуажэм деж хуэзэу телъ лъэмыжыр, ар хеубыдэ «А-158» автомо­биль гъуэгум и 35-нэ километрым, къы­зыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ «А-154», «А-158» гъуэгухэм я 38-нэ, 72-нэ километрхэм хыхьэ псы щIэжыпIитIыр. «Кавказ» гъуэгум и 27-нэ километрым тралъ­хьащ гъуэгур псым щызыхъумэ щхьэфэ быдэхэр.
Гъуэгухэр къызэрагъэнэху пкъохэр щагъэуващ «А-158» къэрал автомобиль гъуэгум и Iуфэу мы жылэхэм хуэзэхэм: Алъ-туд къуажэм (километри 4,1-м) Ислъэмей къуажэм (километри 6,82-м), Былым ­къуажэм (километри 2,74-м).
Гъуэгу лэжьыгъэм хэтхэр еужьэрэкIыу яужь итщ «Р-217» «Кавказ» автомобиль гъуэгур лъэныкъуиплIкIэ ущызэблэкI ­хъууэ щIыным, а лэжьыгъэхэр щокIуэкI километр 37-м. Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж Къубэ-Тэбэ (413-нэ километрым къыщыщIэдзауэ 423-нэм нэс), Бахъсэн къалэм къыпэзыкIухь (423-нэм щегъэжьауэ 436-нэм нэс) гъуэгухэр, апхуэдэуи Старэ Шэрэдж - Арщыдан ­гъуэгум щыщ, 468-нэ километрым щегъэжьауэ 482-м нэс зыхыхьэ гъуэгу Iыхьэр. А лэжьыгъэ псори 2021 гъэм ­къриубыдэу зэфIагъэкIыну я мурадщ. ­Гъуэгухэр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэ­пэщыжыныр яубзыхуа мардэм ипэ къихуэу зэфIагъэкI.
Абыхэм нэмыщI, «А-158» гъуэгум щыщ Iыхьэ 19 ягъэбыдэ, абыхэм псым и зэран емыкIын хуэдэу. А гъуэгур хохьэ Iуащ­хьэмахуэ лъапэ и зыгъэпсэхупIэхэм уа­хуэзышэхэм, Малкэ къуажэм и гъуэгумрэ «Р-217» «Кавказ» гъуэгум хыхьэ 405-нэ километрым деж Балъкъ псым телъ лъэмыжымрэ сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэза лэжьыгъэхэми щIадзащ.
2021 гъэм «Кавказ» гъуэгум и нэгъуэщI IыхьитIи къызыхуэтыншэу зэрагъэ­пэщыжыну я мурадщ, псори зэхэту километр 23-рэ я кIыхьагъыу. Прогресс - ­Къубэ-Тэбэ къуажэхэм я зэхуакум хиу­быдэ (405-нэ километрым щегъэжьауэ 413-нэм нэсу), Арщыдан къуажэм Осетие Ищхъэрэ - Аланием екIуалIэ и гъунапкъэр (482-нэ километрым къыщыщIэдзауэ  497-м нэсу) зыхыхьэ гъуэгу Iыхьэхэри лъэ­ныкъуиплIми ущызэблэкIыу нэхъ ­бгъуэ ящIынущ. А проектхэм я тхылъхэр ягъэ­хьэзыр, - жиIащ «Кавказ» федеральнэ ав­­томобиль гъуэгум и управленэм и уна­фэщI Лечхаджиев Руслан.
Къыхэгъэщыпхъэщ «Р-271» «Кавказ» автомобиль гъуэгум щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым пхыкIынур лъэны­къуиплIкIэ ущызекIуэ хъууэ бгъуэуэ зэры­щытынур.
КIуэкIуэ Казбек «Кавказ» гъуэгум и управленэм и унафэщIхэмрэ и лэжьа­кIуэхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ я Iэу­жьыфI­хэм папщIэ икIи Iуэхум къыхэжаныкIахэм КъБР-м и ЩIыхь тхылърэ Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылърэ яритащ.
ЗэIущIэр щызэхуащIыжым абы жи­Iащ: «Къэрал гъуэгухэм зэрызрагъэу­жьым ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ - абы ди экономикэм зрегъэIэт. А инфраструктурэм зэрызиужьыр, шэч хэмылъу, сэбэп  хуохъу республикэм щыпсэухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнми. Ауэ нэхъыщхьэ дыдэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща зэрыхъурщ. 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ гъуэгухэр нэхъ бгъуэ зэращIым и фIагъхэр нэрылъагъу хъуа­кIэщ». Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэу къыхигъэщащ туристхэм я зыгъэп­сэхупIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр куэдкIэ нэхъыфI зэрыхъуар. Абы жиIащ къэрал автомобиль гъуэгухэм зегъэужьыным, республикэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэм, хуэунэтIа лэжьыгъэхэм дызэрыт илъэсми къызэрыпащэнум шэч къызэрытримы­хьэр.
Лечхаджиев Руслани щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэм фIыщIэ къахуищIащ къэрал гъуэгухэр щIыным, жьы хъуахэр зыхуей хуэгъэзэжыным хуэгъэпса къэрал программэхэм къагъэув къалэнхэр гъэ­зэщIэным хуэунэтIауэ къазэрыдэ­ла­жьэм папщIэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр