КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэ хьэщIэщ

«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы и хьэщIэщым, КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэм, и блыным фIа­дзащ щIэныгъэлI-Iуэры­Iуатэдж телъыджэм, тха­кIуэм, артистым и сурэт екIу.
СурэтыщI Гъыдэ Валерий и IэдакъэщIэкIыр зыху­рагъэщIа ди IуэхущIапIэм ар къахьыжат Къардэн­гъущI лъэпкъым щыщхэу Мусэрбий, Хьэсэн, Заур, Анатолэ, Залым сымэ. Га­зетым и лэжьакIуэхэмрэ Т­ыркум щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм ящыщу Що­джэн Берсисрэ ЩэрэлIокъуэ ­Тогълэнрэ яIущIащ абыхэм. Ди хьэщIэщым щыфIа­дзащ адыгэ лъэпкъым куэд хуэ­зылэжьа лъэпкъылIым и сурэтыр.
- 1998 гъэ лъандэрэ мы хьэщIэщым зэрехьэ КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр, - жиIащ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд зэIущIэр къы­щызэIуихым. - Езыр псэут, узыншэт абы щы­гъуи, къедгъэблагъэри хъыбархэр, уэрэдыжьхэр къыджи­Iэу къыдбгъэдэсауэ щытащ. Емызэшыжу Iуэху зэрищIамрэ цIыхугъэу хэ­лъам­кIэ къилэжьащ а лIы щэ­джащэм пщIэ хуэт­щIынуи, ди газетыр щыIэху мы хьэщIэщыр Къардэн­гъущI Зырамыку и фэ­еплъщ.
«Адыгэ псалъэм» и зэ­дзэкIакIуэ Тэнащ Анатолэ КъардэнгъущIхэ я щIалэ­хэм ­ехъуэ­хъуащ я гукъэкIым папщIэ, я лъэпкъыр зыгъэинын, зыгъэбжьыфIэн апхуэдэ лIыфI куэд ­къахэкIыну зэригуапэри яжриIащ.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ зрата Къардэн­гъущI Му­сэбий жиIащ, я лъэпкъым и мызакъуэу, Зыра­мыку адыгэ псоми зарейр, хьэщIэщым абы и цIэр ­зэ­рыфIащар езым зэри­лъэ­гъуар зэригуапэр. «Мы жэрдэмы­фIыр къыхэзылъхьахэр IуэхуфI хэмыкIыу Тхьэм игъэ­псэу», - пищащ абы.
Къэпсэлъахэм нэхъыщ­хьэу къыхагъэщаращи, «Адыгэ псалъэмрэ» КъардэнгъущI Зырамыкурэ зэпы­щIэныгъэ быдэ я зэхуаку дэлъащ, газетым и лэжьакIуэхэм я гуапэт, фIы­гъуэшхуэу къалъытэрт абы епсэлъэну, и тхыгъэхэр хут­радзэну, и гъусэу сурэт зыт­рагъэхыну.
ФIы куэд хуищIащ къы­зыхэкIа лъэпкъым КъардэнгъущI Зыра­мыку, ар зэ­рытщы­мыгъуп­щэм, и фэ­еплъыр зэрыдгъэлъапIэм и нэщэнэщ ­а зэхыхьэри, фIы­щIэ яхудощI ар зи жэрдэмхэу ­Хьэ­фIыцIэ Му­хьэмэдрэ ­КъардэнгъущI ­Зауррэ, лэ­жьыгъэр зи IэдакъэщIэкI Гъыдэ Валерий, зэIущIэм кърихьэлIа псоми.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр